ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым

Иджыпсту хуэдэ гъатхэпэр пыхусыху, щIыIэ узхэм я къэхъеигъуэщ. Коронавирусыр цIыхум ящхьэщыкIа пэтми, дуней псом тет щIэныгъэлIхэм ящIэ сыт хуэдэ узыфэми ухуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур икIи абыхэм пэщIэтын папщIэ нобэ яIэ Iэмалхэмрэ зэфIэкIхэмрэ къахэгъэхъуэн, хушхъуэгъуэ лIэужьыгъуэщIэхэр къэгупсысын зэрыхуейр. 
Урысейм и щIэныгъэлIхэри нэгъабэ лъандэрэ йолэжь ковидым ущызыхъумэ вакцинэщIэм. Ар шхум ещхьщ, сабийми балигъми къатемыхьэлъэу ирафын хуэдэу, ауэ ар ягъэхьэзыру къыщIагъэкIыным иджыри зэман хуейщ. 
Узбекистаныр, зыми пэмыплъэу, иджыпсту щIидзауэ къыщIегъэкI иммунитетыр зыгъэбыдэ, ковидми ущызыхъумэ гъэш. А ерыскъыхэкI хущхъуэм зэгъусэу елэжьащ Узбекистанымрэ Венэ дэт медицинэ университетым и щIэныгъэлIхэмрэ. 
Псом нэхъ гъэщIэгъуэнщ: ковидым и вакцинэр жэмхэм хаIуащ, иджы цIыхухэр зрагъафэр абы къыщIаш шэ хущхъуэрщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ахэр щыхъума хъунущ а узыфэм.
Иджыпсту къэрал куэдым щхьэтечауэ щытопсэлъыхь, «Эрус» коронавирус лIэужьыгъуэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэри яхэту. Ар япэрей вирусым и иммунитетым полъэщ, ауэ абы и мардэхэм къикIыу уз зэрыцIалэм и щхьэр къиIэтынкIэ мэхъу. 
- Нэхъапэрейм нэхърэ абы цIыхухэм нэхъ закъытригъэхьэлъэнущ. Ар щIыIэ узым къуит щытыкIэ гурымыхьым ещхьщ, ауэ абы къыхыхьэжу, ар зыпкърытхэм я щхьэхэр, утхъуа щIыкIэу, хьэлъэу щытынущ, - жиIащ Урысейм и «МедЛабЭксперт» IуэхущIапIэм и дохутыр пажэ Соловьёв Александр.
Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ