ХадэхэкI фIэIугъэхэмкIэ дыпашэщПхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. Иджыблагъэ апхуэдэ хъыбар къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Иужьрей илъэситIым щIыналъэм къыщыщIагъэкIа консервым и куэдагъым хэпщIыкIыу хэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2023 гъэм банкIыу мелуан 363,8-рэ траIуэнтIащ, абы щыщу банкI мелуан 363,3-р хадэхэкIхэм къыхащIыкIа фIэIугъэщ.
Пхьэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэр банкIхэм илъхьауэ теIуэнтIэнымкIэ ди республикэр КИФЩI-м щыпашэм изакъуэкъым - ику иту къэралым къыщыщIагъэкIа хадэхэкI консервхэм я процент I4-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.
Республикэм щытраIуантIэ банкIхэм иралъхьэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ я нэхъыбэр ди щIыналъэм къыщагъэкIыж. Ар шэсыпIэ хуохъу консервхэм фIагъ лъагэ яIэным, абы и фIыгъэкIи а ерыскъы лIэужьыгъуэхэм нэгъуэщI щIыналъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ, нэхъыфIуи ящэху.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 11:00 →
Сом мелуанитхум щIигъу
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
|