Къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыху

ЦIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщынымрэ псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр укъуэдиинымрэ ехьэлIа къалэнхэр 2030 гъэм ирихьэлIэу нэсу гъэзэщIа зэрыхъуным, абы щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм, щыIэ Iэмалхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительстэм и Унэм. Ар икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщапщытэж зэIущIэу щытащ. 

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэIущIэм къыщыхигъэщащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр сыт щыгъуи къызэрыпэщылъыр икIи цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, абы папщIэ тыншыпIэхэр къахузэгъэпэщыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIыр. Ауэ нэхъыбэу ахэр нобэми зыгъэпIейтейр псы къабзэкIэ ирикъуу жылэхэр къызэгъэпэщынырщ, псом хуэмыдэу, гъэмахуэ зэманым. 
«Иужьрей илъэсхэм абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ екIуэкIащ, ауэ дызыхунэмыса куэд иджыри щыIэщ», - жиIащ Мусуковым. Правительствэм и УнафэщIым къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ цIыхухэр псы къабзэкIэ ирикъуу къызэгъэпэщын щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм, 2030 гъэм ирихьэлIэу абы и лъэныкъуэкIэ ныкъусаныгъэ щымыIэу Iуэхухэр зэфIагъэкIыфын папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. 
КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим къыхигъэщащ республикэм щыпсэухэм ящыщу процент 91,3-р псы къабзэкIэ нобэ къызэрызэгъэпэщар. Жылэхэм псы зэрыхуаутIыпщ бжьамий зэрыIыгъыу километр мини 4-м щIигъу мэлажьэ, псыр къыщIэзыш, псым къыхэзышу зыгъэкъабзэ ухуэныгъэхэр 536-рэ мэхъу. Бжьамий зэпыщIахэм я процент 70,7-р, псыр къыщIэзыш, псым къыхэзыш Iэмэпсымэхэм я процент 58,7-р нобэкIэ жьы хъуащ, къэгъэщIэрэщIэжын хуейуэ. 
Электрокъарууэ трагъэкIуэдар ягъэмэщIэн папщIэ псы къабзэр лъагапIэм къыщыщIашу зыIэрыхьэ къуажэхэр 34-рэ, арыкъ кIэнауэкIэ псыр зэкIуалIэ жылэхэр 35-рэ мэхъу. Псыр къыщIашрэ ягъэкъабзэу цIыхухэм зэрыхуаутIыпщ бжьамий зэпыщIахэр къуажиблым яIэкъым: Арыкъым, Октябрьскэм, Леснойм, Пришибо-Малкинскэм, Красная Полянэм, Баксанскэм, Бахъсэн гъуэгу зэхэкIыпIэм. 
ЦIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ гугъуехьхэр къызэнэкIа хъунымкIэ хэкIыпIэфIщ «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зегъэужьын», «Къуажэ щIыпIэхэм зэIузэпэщу зегъэужьын» къэрал программэхэм хыхьэу щIыналъэм щылажьэ «Псы къабзэ», «ПсэупIэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ, 2019 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуащ, къыщагъэщIэрэщIэжащ, щызэрахъуэкIащ цIыхухэм псы зэрыхуаутIыпщ бжьамий зэрыIыгъыу псори зэхэту километр 435-рэ, къыщIэшыпIэу 46-рэ. Псоми зэхэту абы трагъэкIуэдащ сом мелард 1,4-рэ. 
Бжьамийхэр жьы зэрыхъуар, пщIэ щIамыту псы куэд цIыхухэм къызэрагъэсэбэпыр, дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжар, къыщIэшыпIэхэм псыр нэхъ мащIэ зэрыщыхъуар, псыр цIыхухэм зэрыхуаутIыпщ бжьамий зэпыщIахэр къуажэ куэдым зэрыщымыIэр зыIууэ гугъуехьхэм я нэхъыщхьэу къыщалъытащ зэIущIэм. А IэнатIэм щытыкIэр щегъэфIэкIуэн папщIэ гу нэхъ зылъытапхъэу зэхуэсым къыщыхагъэщахэм ящыщщ Iуэхум инвесторхэр къыхэшэныр, иджырей мардэм къитIасэ ухуэныгъэхэр гъэувыныр, псыр зыхуаутIыпщхэр щIэрыщIэу къыхэтхыкIыжыныр, кIэнауэхэмкIэ псыр щIым щIэгъэлъэдэным хуэкIуэжыныр.
Къалэнхэр зэфIэгъэкIынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ иджыпсту яухуэ бжьамий зэпыщIахэм - Бахъсэным (км 79,2-рэ), Дзэлыкъуэм (км 57,9-рэ), Шэджэмым (км 32-рэ), Курпым (км 31,5-рэ), Балъкъым (км 19,5-рэ). 
2024 гъэм зэлэжьыну къапэщылъхэм хохьэ Тырныауз къалэм и бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, Бахъсэн псы зэбгрытыкIыпIэр, Дзэлыкъуэм псы зэрыкIуэ и бжьамий зэпыщIахэм я етIуанэ Iыхьэм и ухуэныгъэр зэфIэгъэкIыныр, Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэр псыкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа лэжьыгъэхэм зегъэубгъуныр, «Головной» псы къыщIэшыпIэр къэгъэщIэрэщIэжыныр. 
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: