Турист нэхъыбэ къызэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзырКъэбэрдей-Балъкъэрым и курортхэм жыджэру зрагъэужь, ухуэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкI: дызэрыт илъэс къудейм къриубыдэу абыхэм къыщызэIуахынущ республикэм зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр къыщыувыIэну щIыпIэщIэу, хьэщIэщ пэшу 550-м щIигъу. «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, а Iуэхугъуэхэм хухахынущ сом мелуан 366-рэ, жиIащ иджыблагъэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат. «2022 - 2024 гъэхэм псори зэхэту субсидиеу сом мелард I,68-рэ къэрал бюджетым къыхэкIащ, иджыпсту дызыпэрыт пэхуэщIэхэр I09-рэ мэхъу. Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу турист IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIауэ къэралым ахъшэ нэхъыбэ зыхуиутIыпщ I5-м яхохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|