Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъыбэрэ къыхэхуэ псыцIэхэм ящыщщ Псыжь и цIэр (кIахэ адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ – Пшызэ). Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Псыжьрэ абы хэлъадэ псыхэмрэ (Лабэ, Щхьэгуащэ, Инжыдж, Адэгум, Уарп, нэгъуэщIхэми) я Iуфэр лъапсэ яхуэхъуауэ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыгъуэгурыкIуам – ар Кавказ къуршым и дыгъэмыхъуэмкIэ. Кавказ къуршым и дыгъафIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хы Iуфэм щыпсэуа адыгэхэм я щIыналъэм щежэх псыхэми я цIэ куэд ущрохьэлIэ нарт эпосым. Гу лъытапхъэщ а псыхэм я цIэхэм илъэс мин бжыгъэ зэраныбжьым – ар щыхьэт тохъуэ абыхэм цIэ яфIэзыща лъэпкъыр тхыдэм къызэригубзыгъыж лъандэрэ я пIэ изэгъауэ, зи цIэ къитIуа псыхэм къызэщIаубыдэ щIыналъэр лъахэ яхуэхъуауэ къызэрыгъуэгурыкIуам.
Пасэрей алыджхэм (грекхэм) къызэранэкIа тхыгъэхэм («тхыдэм и тхьэмадэкIэ» зэджэ Геродот деж къыщыщIэдзауэ) яхъумащ хы Iуфэмрэ Кавказ къуршым и бгъуитIымрэ щыпсэуа адыгэ лъэпкъхэм я цIи, я хъыбари. Тхыдэм зи цIэ нэхъыбэрэ къыхэхуэ пасэрей адыгэ лъэпкъхэм ящыщщ синдхэр, меотхэр, керкетхэр, псесхэр, зиххэр, нэгъуэщIхэри. А псом я цIэ IуэрыIуатэм, псалъэм папщIэ, нарт эпосым къыщызэтенакъым, къыщызэтенэнкIи Iэмал иIакъым – аращ «щIылъэр щызэпцIагъащIэ» лъандэрэ цIыхум къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэм щыхабзэр. Нарт эпосыр апхуэдэ IуэрыIуатэщ: ар зи IэдакъэщIэкI пасэрей лъэпкъхэм я зы цIэщ абы ихъумар – нартхэр, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, а цIэр ятеIукIащ тхыдэм зи хъыбаррэ зи лъэужьрэ ихъума пасэрей адыгэ лъэпкъхэм (ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм). Эпосым игъэбелджылыркъым нартхэм я ныбжьыр, ауэ шэч зыхэмылъыр зыщ: щIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, нарт эпосым и купщIэм илъэс минищ нэхърэ нэхъ мащIэ ныбжь иIэкъым. 
Апхуэдэ ныбжь яIэщ Сосрыкъуэ и хъыбархэми. 
Сосрыкъуэ быдзышэ щефар Псыжь Iуфэщ – хъыбар куэдым къыхощ ар. Балигъ хъуа нэужь, зекIуэ ежьамэ, Сосрыкъуэ щыболъагъу Тэн (Дон) Iуфи. Тэн е Тэн губгъуэ ущрохьэлIэ адрей нартхэми – Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Батрэзи, Къанж и къуэ Щэуеи. Абыи къыщызэтеувыIэркъым: Индыл (Волгэ) зэпрокIри, шыбэр къызэпраху («Индылыжьым и нэр къыщопкI» – апхуэдэ псалъэ халъхьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм ящыщ зым). Дауи, нарт хъыбархэм Тэни Индыли я цIэ къыхэхуэнтэкъым, пасэрей адыгэхэм ар зекIуапIэ яхуэхъуауэ щымытамэ. ЗекIуапIэ яхуэхъуам и закъуэкъым: тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэм я щIыналъэм и гъунапкъэм Тэн нэс зидзауэ зэрыщытам. 
Псыжь нэгъуэщI лъэпкъхэр къызэреджэр Кубанщ, а цIэми ныбжьышхуэ иIэщ – пасэрей алыджхэм я деж къыщежьащ. Адыгэхэр ПсыжькIэ зэджэ псым пасэрей алыджхэр ГипанискIэ еджэу щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, – Шыпс. ЗэралъытэмкIэ, алыджхэм Псыжь апхуэдэцIэ фIащын хуей щIэхъуар абы и Iуфэр шыбз гуартэ бжыгъэншэхэм яуфэбгъуауэ зэрыщытарщ: дуней псом нобэ щыцIэрыIуэ адыгэшым илъэс минищым нэблагъэ ныбжь иIэщ, апхуэдиз хъуауэ зэрахуэ адыгэхэм шы (илъэс минитI ипэкIэ щIалъхьауэ щыта синд дзэпщ гуэрым и кхъащхьэм тращIыхьыгъа Iуащхьэм археологхэм къыщIахащ шы щиплIым я къупщхьэ; дауи, пасэрей адыгэхэм шы куэдыкIейуэ Iэджэ щIауэ зэрамыхуатэмэ, я дзэпщым апхуэдиз шы дыщIалъхьэнтэкъым). 
 

КЪАРТУЛ Хьисэ.
Поделиться:

Читать также: