Бахъсэн и топджэгу командэм дегъэгуфIэ

Краснодар щIыналъэм хыхьэ Геленджик къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм футболымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ VISTA CUP 2024. Абы ехъулIэныгъэхэр яIэу къикIыжащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм. Ди топджэгу ныбжьыщIэхэр зэпеуэм командихым щаIущIати, абы щыщу плIым щытекIуащ.

Бахъсэндэсхэм япэщIыкIэ хагъэщIащ Ермэлым и «Давташен» командэр, зэIущIэм и бжыгъэр 5:1-уэ. АдэкIэ ахэр 2:0-у текIуащ «Краснодар»-м. Ещанэ джэгугъуэм ди щIалэхэм къапэщIэтащ Кореновск къалэм и «Феникс»-р. Мыбдежым ди хьэрхуэрэгъухэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ икIи бжыгъэр 2:3-уэ къыттекIуащ. ИужькIэ, я бампIэр ягъэтIысыж щIыкIэу, зэIущIэм и бжыгъэр 9:1-уэ хагъэщIащ Дон Iус Ростовым и СКА-1-р.
Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм нэсын папщIэ ди командэм къыпэщIэтащ Севастополым и «Черноморец»-р. ЗэIущIэм хухаха зэманым къриубыдэу нэхъ лъэщыр абыхэм щахузэхэмыгъэкIым, метр II-м деж топыр трагъэсурэ пенальти еуащ. АбыкIэ ди республикэм и лIыкIуэхэр нэхъ шэрыуэу къыщIэкIри, я хьэрхуэрэгъум текIуащ. Ауэ адэкIэ кIэух зэхьэзэхуэр бахъсэндэсхэм фIахьащ Геленджикым и «Vista Junior» академием и футболист ныбжьыщIэхэм. Ппхуэдэ щIыкIэкIэ, ди командэм етIуанэ увыпIэр къихьащ.
Абы нэмыщI, ди гуапэу къыхэдгъэщынут, Гукъуэ Къантемыр гъуащхьауэхэм я зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуар, Хэжь Мухьэмэд гъуащхьэхъумэхэм я нэхъыфIу зэхьэзэхуэм къызэрыщалъытар. 
Командэм и тренерыр ПщыхьэщIэ Тимурщ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ Анапэ къалэм 2011 - 2012 гъэхэм къалъхуахэр хэту щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм бахъсэндэсхэм япэ увыпIэр къыщахьауэ щытащ. 

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться: