НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 4, махуэку

         Интернетым и дунейпсо махуэщ

         Компьютерыр зэтезыухуэм и дунейпсо махуэщ

         1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я оргбюро къызэрагъэпэщащ.

         1896 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIам  теухуа лэжьыгъэ куэд зиIа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Кокиев Георгий.

         1949 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Абхъаз Республикэм и етIуанэ президенту щыта, АР-м и ЛIыхъужь Бэгъэпщ Сергей.

         1951 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емыжь МулиIэт.

         1966 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтын и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къумыкъу Iэуес.

         1980 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Нартокъуэ Аслъэн.

                   Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ - текIыу щыщытынущ.      Хуабэр махуэм    градус 11 - 24, жэщым градуси 6 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

        

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Iуэхутхьэбзэри щIыхуэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ