ЕгъэджакIуэхэр ягъэгуфIэнущ

Мэлыжьыхьым Осетие Ищхъэрэ - Аланием и курыт еджапIэ нэхъыфIхэм яIэрыхьэнущ республикэм и Iэтащхьэм и грантхэр, сом мелуан 60 хъур. Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хэIущIыIу зэрищIамкIэ, школ къэс мелуан зырыз ялъысынущ.
 Грантхэр иратынущ школакIуэхэм щIэныгъэ куу ябгъэдэлъхьэным теухуауэ гъэ кIуам фIым я фIыжу зыкъэзыгъэлъэгъуа къалэ еджапIэ 30-м, къуажэ еджапIэуи апхуэдиз дыдэм. А ахъшэхэр егъэджакIуэхэм иратынущ, абыхэм я гъэсэнхэм еджэныгъэмкIэ зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм IэпщIэлъэпщIэнымкIэ мастер-классхэм, гуп зэпеуэхэм, спортымкIэ чемпионатхэм щагъэлъэгъуа зэфIэкIхэмрэ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным жыджэру зэрыхэтамрэ тещIыхьауэ.
Грантхэр щаткIэ апхуэдэу къалъытэнущ, егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ республикэм щаубзыхуа Iуэхухэм школ къэс хуащIа хэлъхьэныгъэфIхэри.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: