Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ2024 гъэм мэлыжьыхьым и 10-р щымылажьэ махуэу гъэувыным и IуэхукIэ «Я фIэщхъуныгъэр зыхуэдэнур езыхэм яубзыхужынымкIэ яIэ хуитыныгъэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и 7-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэрызыкъытхуигъэзам ипкъ иткIэ НэщIикIыж хьид махуэшхуэм теухуауэ унафэ сощI: 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 10-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу щыгъэувын. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 15:58 →
Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэр
15.05.2024 - 15:00 →
Лэжьыгъэхэр зэпыуркъым
15.05.2024 - 13:39 →
БыдапIэ лъэщ
15.05.2024 - 13:00 →
Ветераным ехъуэхъуащ
14.05.2024 - 13:36 →
КъэхъундэсхэрХэкум и къыщхьэщыжакIуэщ
|