Iуэхур ягъэзэкIуэжащ

Иджыблагъэ Грознэ къалэм къыщызэIуахащ Урысей псом щыяпэ, цIыхухэм я пенсэхэр яхуэгъэувынымрэ социальнэ страхованэмкIэ дэфтэр хъумапIэ нэхъыщхьэ.
Централизованнэ архивыр къыщызэIуахащ Урысейм пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и Фондым и къудамэу Шэшэн республикэм щыIэм и хэщIапIэм пэгъунэгъуу.
Урысейм пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и фондымрэ Шэшэн республикэм и Iэтащхьэмрэ зэгъусэу а IуэхущIапIэр къыщIызэIуахам щхьэусыгъуэ иIэщ: Шэшэн зауэм иужькIэ (1990 гъэхэм) цIыхухэм я документ куэд яфIэкIуэдауэ щытащ икIи абыхэм я зэгъэпэщыжыным ноби зэрыреспубликэу гугъу дохь. Лэжьыгъэр къезыхьэлIэхэм зэрыжаIамкIэ, гугъуехьхэм къадэкIуэу дерсышхуи хахащ, сыт хуэдэ Iуэху къэмыхъуами, цIыхухэм и псэуныгъэм, пенсэм е нэгъуэщI къинэмыщIхэм ехьэлIа дэфтэрхэм зыри зытемышыныхьыжын егъэзыпIэ яIэн зэрыхуейм теухуауэ.
 Архив нэхъыщхьэр Шэшэным щыпсэухэмкIэ хъумапIэ нэсу зэрыщытынум имызакъуэу, пенсэм ехьэлIауэ цIыхур зыхуеинкIэ хъуну дэтхэнэ зы документри, зэман темыкIуадэу, къыщыхуагъуэтынущ, социальнэ страхованэм и лъэныкъуэкIэ къэхъу зэхъуэкIыныгъэхэм щагъэгъуэзэнущ, зыхуеину псори а зы щIыпIэм имыкIыу зэхуахьэсынущ. Апхуэдэу Iуэхур зэтеубла зэрыхъуам лэжьакIуэхэм я къалэныр къащигъэпсынщIэнущ, къекIуалIэ цIыхухэми Iуэхутхьэбзэ нэхъыбэ хуащIэну Iэмал ягъуэтынущ.
 Иджыпсту лэжьакIуэхэр иужь итщ къызэралъхуамкIэ щыхьэт тхылъхэр зыфIэкIуэдахэм ахэр щIэрыщIэу яхузэгъэпэщыжыным. 
 

 

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: