Бытырым и мардэр

КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и ЩIэныгъэлI зэIущIэм унафэ къищтащ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и суннэмрэ ар щэхьабэхэм зэрызэпкърахамрэ тету, 2024 гъэм и бытырым и нэхъ мащIэр соми 100 хъууэ. 

ЩIэныгъэлIхэм къыхагъэщ къагъэлъагъуэ ахъшэ бжыгъэр бытырым и нэхъ мащIэу зэрыщытыр, ауэ ар нэхъыбэу зытыну зи мурадым гъуни марди иIэкъым, ар зэлъытар цIыхум и фIэщхъуныгъэмрэ бгъэдэлъ мылъкумрэщ. 
Дэ дызыхэт Iэбу Хьэнифэ и мэсхьэбымкIэ бытыр папщIэу ягуэшыр гуэдзу е гуэдз хьэжыгъэу сахь 0,5-рэщ (грамм 1750-рэ). Хьэ, жызум гъэгъуа е е финик бгуэш хъунущ, абыхэм я мардэр I сахьщ (грамм 3500-рэ). 
Бытырыр щагуэш щIыпIэм гуэдз, хьэ е хьэжыгъэ щыкуэдмэ, абыхэм япэкIуэ уасэр ахъшэкIэ ептыныр захуагъэщ. НэхъыфIу къалъытэр а кърабжэкIахэм ящыщу зи уасэр нэхъ лъапIэрщ. Уэгъум деж езы гуэдзыр, хьэр е хьэжыгъэр бгуэшыну нэхъыфIщ. 
Бытыр сэдэкъэр гуэдзу е хьэжыгъэу игуэшыну къызэхьэлъэкIым щIакхъуэ е нартыху игуэш хъунущ, зи цIэ къраIуа ерыскъыхэкIхэм я зым (гуэдз, хьэ, финик, жызум гъэгъуа) и уасэм хуагъакIуэу. 
«И уасэр ептыныр нэхъыфIщ, - жеIэ Iимам ТIэхьауий, - сыту жыпIэмэ, тхьэмыщкIэм дежкIэ ар нэхъ щхьэпэщ. Абы зыхуейр къищэхуфынущ а ахъшэмкIэ. Хьэдисхэм гуэдзымрэ хьэмрэ къыщIыхэщыр а лъэхъэнэм Мадинэ къалэм сатур абыхэмкIэ зэрыщекIуэкIырт. Ди щIыналъэхэм сатур зэрыщызэрахьэр ахъшэкIэщи, абы нэхърэ нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым, ар ептыныр нэхъыфIщ». 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я нэхъыбэм хьэжыгъэр хьэзыру къызэращэхум къыхэкIыу, Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм къриIуа ахъшэ бжыгъэр бытыр сэдэкъэми, «фидья» жыхуаIэ, нэщI щамыIыгъа махуэ щхьэхуэм и пшыныжыпщIэри, «кэффарэ» - нэщI зымыIыгъам къытехуэ тезырыр зэрызыщхьэщих мардэуи къащтащ, ауэ нэхъыбэ езытыну зыхуейр абы хуитщ. 
Ибн Аббас зэрыжиIащи: «ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам бытыр сэдэкъэр муслъымэнхэм яIэщIэкI псалъэ лейм, зэдауэ пхъашэм, Iуэху мыщхьэпэхэм къадэкIуэ гуэныхьхэр якIэрихын, тхьэмыщкIэхэр игъэнщIын папщIэ Алыхьталэм яхуигъэуващ».
Бытырыр Рэмэдан мазэм къриубыдэуи пты хъунущ, ауэ НэщIикIыж махуэм и пщэдджыжьым ящI Хьид нэмэзым и пэ къихуэу ептыныр нэхъ псапэщ. Гу лъытапхъэщ ар нэщI мазэр имыкIыу бгуэшын зэрыхуейр, иужькIэ ар къызэрыгуэкI сэдэкъэуэ къонэ. 
 «Фидья» хъужыр и узыншагъэкIэ нэщI зымыIыгъыфым абы къыпэкIуэу зы тхьэмыщкIэ ику ит шхынкIэ е ар къызыщIэкIыну уасэкIэ зэригъэфIэжырщ. 
 «Кэффарэ» жыхуаIэр нэщIыфын пэтми ар къалэн зыщызымыщIам е щхьэусыгъуэшхуэ имыIэу и нэщIыр зэпызыгъэуам къытехуэ пшыныжыпщIэрщ. Апхуэдэм къытехуэр махуэ 60 мэхъури, нэщI иIыгъыу хуэмыпшыныжынумэ, дэтхэнэ зы махуэми пэкIуэу ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа «фидьяр» итын хуейщ. 
Муслъымэн IуэхущIапIэм дыкъыхуреджэ зи цIэ къитIуа псапэ лэжьыгъэхэр щхьэж къыхэхъуэм, и унагъуэр зэригъашхэм тещIыхьауэ, ику иту къыхихмэ зэрынэхъыфIым. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: