Iэщ щхьэ бжыгъэм къыхохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер хозяйствэхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту Iэщрэ джэдкъазу яIыгъым я бжыгъэм къыхэхъуащ.

Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым и гъатхэпэм и япэ махуэхэм Iэщышхуэу щыIар мин 276,2-рэ хъуащ, нэгъабэ, къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу ар зэрыхъуар мин 272,2-щ. Iэщышхуэу иджыпсту зэрахуэм щыщу жэм къашыр мини 145,1-рэ мэхъу икIи ар проценти 4-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
 Iэщыхуэу яIыгъым и процент 70,6-р унагъуэхэм къалъос, абы и процент 65,6-р - жэм къашщ. 
Мэлымрэ бжэнымрэ я щхьэ бжыгъэр 2023 гъэм гъатхэпэм и I-м щыIа бжыгъэхэм елъытауэ процент 15-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи ар мин 471,9-м щIигъуащ. Джэдкъазым я бжыгъэм проценти 4,6-кIэ къыхэхъуащ икIи дызэрыт илъэсым и гъатхэпэм ирихьэлIэу ар мелуани 4,5-м нэсащ.
Мэлымрэ бжэнымрэ, джэдкъазым я нэхъыбэр щаIыгъыр республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэрщ. Унагъуэхэм мэлрэ бжэну ягъэхъур псори зэхэту щхьэ бжыгъэу щыIэм я процент 42,8-рэ, джэдкъазу - процент 44-рэ мэхъу.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: