Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIуощIэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ. СВО-м къалэн щезыхьэкI, пIалъэкIэ я унэ къекIуэлIэжа зауэлIхэм абы зыхуагъэзащ уIэгъэ хъуахэм ират федеральнэ, щIыналъэ мылъкум, я псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным и IуэхукIэ. СВО-м хэтхэр зыгъэпIейтейуэ дзэ IуэхущIапIэхэм зэрызыхуагъэзауэ щытахэр къыщыгъэлъэгъуахэм прокуратурэр щхьэхуэу хэплъэнущ. 
Карповыр дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIэнущ мазэ къэс, ахэр зыгъэпIейтей упщIэхэм хэплъэнущ, я унагъуэхэм зэрыдэIэпыкъум и нэIэ ятригъэтынущ. 
 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: