ТехникэщIэхэр нэхъыбэ мэхъу

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ техникэ зэмылIэужьыгъуэу 54-рэ. Абыхэм ящыщу 46-р тракторщ, 6-р гуэдз зэрыIуахыж комбайнщ, 2-р къэкIыгъэхэр зэрызэрахьэ нэгъуэщI техникэщ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым ирихьэлIэу къахуэщэхуам нэхърэ ар 24-кIэ нэхъыбэщ.

И уасэр щатыжыну пIалъэр хуагъэIэпхъуэу мэкъумэш техникэу къащэхуар 17 мэхъу, абы щыщу 11-р «Росагролизинг» IуэхущIапIэм и деж къыщащтащ. 
Къыхэдгъэщынщи, мэкъумэш IэнатIэм техникэщIэхэр нэхъыбэу къыхуэщэхуным, жьы хъуахэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр республикэм щрагъэкIуэкI. Псалъэм къыдэкIуэу, 2019 - 2023 гъэхэм къриубыдэу мэкъумэш техникэ зэхуэмыдэу 638-рэ къащэхуащ, абы щыщу 204-р яIахэм блэкIа илъэсым къыхагъэхъуащ. 
Мыри гуапэ пщыхъу Iуэхугъуэщ: 2019 гъэм щегъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я мэкъумэш IэнатIэхэр электрокъарурэ механикэ къарукIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ. Ар зи фIыгъэр мэкъумэш техникэщIэу губгъуэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпхэм илъэс къэс зэрыхагъахъуэрщ. 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: