Гум къиIукI гупсысэхэр

ЦIыхум и щIыбагъкIэ къызэринэкI гъащIэм хуэарэзы-хуэмыарэзыми, зэрыт ныбжьым ирегъэгупсыс: иджыри сыт схузэфIэкIыну, лъэпкъым сыткIэ сыхуэщхьэпэну жиIэу. Апхуэдэ цIыхухэм ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим. Абы и дуней еплъыкIэхэрщ, и лэжьыгъэм зэрыхущытырщ, и гупсысэ щIэщыгъуэхэрщ нобэ фызыщыдгъэгъуазэр. 
Ар къыщалъхуар Джэрмэншык и ищхъэрэкIэ щыIа Дахэпсынэ къуажэ цIыкIурщ. Жылагъуэр псым ихьу щыхуежьэм, абы дэсхэри къыдэIэпхъукIауэ щытащ, жылэри хэкIуэдэжащ.
- СабиигъуэмкIэ сыIэбэжмэ, а зэманыр IэфIуи дахэуи щытауэ схужыIэнукъым. Пэжщ, шхыным дыхуэлIакъым, щыттIэгъэни дгъуэтащ, ауэ нобэрей сабийхэм хуэдэуи дыкъэхъуакъым. Иджыпстурей ди щIэблэр нэхъ сымаджэрилэ хъуауэ фэ изоплъ. Дэ щыгъуэ гъэмахуи щIымахуи пщIантIэм, хадэм дыщылажьэрт. Унэ жьауэм дыщIэс хъуну тщIакъым. Сабэм лъапцIэу дыхэтрэ ди лъапэ пыдудыжамэ, пшахъуэ тIэкIу теткIутэрэ адэкIэ ди Iуэху и ужь дихьэжу щытащ. Мы зэманым-щэ? Зэ къепсамэ, унагъуэм ису хъуар зэхуосыжри, сабийр драхьей-кърахьэх, хущхъуэ IэмыщIэкIэ ирагъафэ. ЖысIэнуращи, я Iэпкълъэпкъыр быдэу япсыхькъым. Сыт абы и Iэмалыр жыпIэмэ, лэжьыгъэрщ... 
Иджы гушыIэм теухуауэ. Си лэжьыгъэр абы тещIыхьауэ щытми, си сабиигъуэми щIалэгъуэми апхуэдэ хьэл схэлъакъым. Щэ бжыгъэкIэ къэббжмэ, си лэжьыгъэм и процент тIощIыр гушыIэхэм яубыд, пщIейр Музыкэ театрым щызгъэзащIэ ролхэращ. Дэтхэнэри си дежкIэ лъапIэщ. Спектакль зэмылIэужьыгъуэу 100-м щIигъум сыщыджэгуащи, нэхъ фIыуэ слъэгъуауэ згъэзэщIа ролхэри, дауи, абы яхэтщ. ФщIэ къыщIэкIынщ: «Свадьба в Малиновке» спектаклым сэ Попандопулэу илъэс 25-кIэ сыщыджэгуащ. Ар цIыкIуи ини зымылъэгъуа щыIэжу къыщIэкIынкъым. Совет Союзыр къызэхэткIухьу а спектаклыр дгъэлъэгъуауэ щытащ. КъинэмыщIауэ, «Цыджан барон»-м Стефан и ролыр, мыдэкIэ адыгэ спектаклхэу «Гум и щэху» жыхуиIэм - Хьэнэхъу, «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэ»-м Хьэбашэ сымэ я ролхэр сигу къинэжу згъэзэщIащ. 
КъБР-м и Музыкэ театрыр согъэлъапIэ. Мыбы республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэри артистхэри щолажьэ, балигъми сабийми я гукъыдэжыр къаIэту. ЖысIэм и щыхьэтщ концерт гукъинэжхэр. Сабийхэм папщIэ спектакль цIыкIухэр-щэ?! Уасэ яIэкъым. Дагъыстэным, Ставрополь крайм тшэурэ къыщыдгъэлъэгъуащ ди лэжьыгъэхэр. 
Ауэ си щхьэкIэ згъэунэхуащ артистым и лэжьыгъэр зэрымытыншри. Ар псом хуэмыдэу зэпхар нобэрей зэманым мыхьэнэшхуэ зэтт хъуа, зумытуи мыхъу ахъшэр къызэрыпэмыкIуэрщ. Унагъуэр зыхуей хуэзэу бгъэпсэун хуейкъэ?! А IэщIагъэр псэкIэ къыхыумыхамэ, абдеж псори щылъэлъэжынущ. Сэ, пэжыр жысIэнщи, сигури си псэри етауэ сыхэтщ мы Iуэхум, Iэпэдэгъэлэл адрейхэм щащIкIи сигу техуэркъым. Сылэжьэну сфIэфIщ, слъэкIыхукIи театрыр сыбгынэнукъым.
Артистым и шыфIэлIыфэ и гугъу пщIымэ, ар цIыхухэм къахэщу сыт щыгъуи щытын хуейщ: и зыхуэпэкIэкIи, и псэлъэкIэкIи, и зыIыгъыкIэкIи. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ апхуэдэу артистым пщIэ иIэжкъым, зэрыжысIащи, и улахуэри мащIэ хъуащ. А псом къыхэкIкIэ а IэщIагъэм хуеджэну гупыж зыщIыр мащIэщ. Гугъущ, хэплъэгъуэщ Iуэхур, ауэ сызэригугъэмкIэ, апхуэдэу щытынкъым. Гугъэмрэ жеймрэ адэ щIэиныфIщ, жиIакъэ адыгэм... ди артист ныбжьыщIэхэм хэхъуэ яIэну, я пщIэмрэ нэмысымкIэ адрейхэм къахэлыдыкIыу хъуну согугъэ.
НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ дыкъегупсысмэ, ди лэжьыгъэр зыфIэтынш куэдым урохьэлIэ... Пэжщ, дэ фIамыщIи къыщIэтхкъым, къарукIи дылажьэкъым, ауэ итIани, утыкум гуфIэжу зыкъыщызыгъэлъэгъуа артистыр дакъикъэкIэ утыкум икIа нэужь, ар бауэкIэщIу, пщIэнтIэпсыр къыпыхуу зэрыщытыр зыми ищIэркъым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: