Гъатхэм нэпс щIегъэкI

Iуэтэж
Ланэ лэжьапIэм щIэкIыжащ, сыхьэтих иригъэкъури. ПсынщIэу унэм нэсыжыну хуейт ар а махуэм. ЩIыбым къыщIэкIа иужь, уафэгъуагъуэ макъыр зэхихащ, асыхьэтуи уэшх иным къыщIидзащ. Жыг щIагъым псынщIэу щIэуващ хъыджэбзыр, и машинэм нэсыну хуэмыхъуу.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI, - жиIащ жыг щIагъым къыкIэлъыщIэувам.
- Ы-ы… - къыгурыIуакъым Ланэ.
- Нэщхъеягъуэ гуэр къэхъунущ, аращ апхуэдэу щIыжысIэр.
- Уэшх къешхмэ, ар нэщхъеягъуэ, сытми? – зэгуэпу жиIащ хъыджэбзым.
- НэхъыфIщ апхуэдэу узэригугъэр, ауэ…
- Сыт «ауэ»? – щIэупщIащ Ланэ, арщхьэкIэ щIалэр щытыжтэкъым.
Куэд мыщIэу уэшхми щигъэтыжащ, къэхъуар къызыгурымыIуа хъыджэбзыр и машинэмкIэ кIуэжащ. Пщыхьэщхьэ хъуху Ланэ щIалэм жиIар и гум икIакъым. «Щхьэ апхуэдэу жыпIэн хуей? Уэшхым Iейм дыхуишэрэ сытми? Хьэуэ, пцIыщ ар, пцIыщ», - губжьырт хъыджэбзыр. Ар Аслъэн ежьэрт, жриIэжыну хуэпIащIэрт зэхихар, ауэ щIалэм и мыхабзэу зигъэгувэрт.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI.
- Сыт къэхъунур?
- Куэд мыщIэу ар уэ къэпщIэнущ, Ланэ.
- Сыт къэсщIэнур?
Ланэ къэушащ. Сыхьэтитхур екIуэкIырт. ПщIыхьэпIэ илъэгъуам егупсысу здэщылъым, и телефоныр къеуащ. Аслъэн и гугъащ.
- Ланэ, Ланэ… - хъыджэбз макът.
- Хэт ар?
- Ар Аслъэн и шыпхъу Ирэщ. Си хъыджэбз цIыкIу, ди щIалэм и машинэм мы жэщым зыгуэр къыжьэхэуащ. Сымаджэщым къэтшащ, дыкъагъэгугъэркъым.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI, - жиIэри Ланэ трилъхьэжащ трубкэр.
Къэхъуар махуэ псом и щхьэм изагъэртэкъым абы. Аслъэн деж кIуэну мурад ищIащ Ланэ. Сымаджэщым нэса иужь, Аслъэн и шыпхъу Ирэ зыхуигъэзащ абы.
- Дохутырхэм зыкъищIэжауэ жаIащ, ухуеймэ, ущIэдгъэхьэнщ абы и деж.
- Сыхуейщ, сыхуейщ, - гуфIащ хъыджэбзыр.
Куэд мыщIэу Ланэ щIыхьащ щIалэм деж.
- Аслъэн, Аслъэн! – хуэмышэчу гъащ ар.
- Уэ ухэт? УсцIыхурэ? – къыгурымыIуэу жиIащ щIалэм.
- Дауэ? Сыт сыщIумыцIыхур? Ланэщ си цIэр. Сыпщыгъупщэжа?
- УсцIыхуркъым. КхъыIэ, си деж укъэмыкIуэ, - Аслъэн апхуэдэу жиIэри бжэмкIэ Ланэ хуигъэлъэгъуащ.
- Хьэуэ, сыкъэпщIэжын хуейщ. Сэ уэрыншэу сыпсэуфыну? Хьэуэ. Сэ махуэ къэсыху сыкъэкIуэнщ, ауэрэ сыкъэпщIэжынщ. Сэ укъэзгъэнэнукъым, - Ланэ гъащ.
- Хъыджэбз дахэ, умыгъ, ауэ сэ жысIэм сытекIынукъым. УкъэмыкIуэ, укъэмыкIуэ си деж, - щIэгуоуащ ар Ланэ.
Ирэ и адэ-анэм и гъусэу къыщIыхьащ, кIий макъ щызэхихым.
- КхъыIэ, мы хъыджэбзыр си деж къэвмыгъакIуэ. Слъагъуну сыхуейкъым, сызэхэфхрэ, сыхуейкъым.
Унэм къэсыжа иужь, куэдрэ гупсысэу щысащ Ланэ. Аслъэн къызэримыцIыхужар и жагъуэ хъуат абы. «Гъатхэм нэпс щIегъэкI. Пэжщ ар». Игу къэкIыжащ щIалэм къыжриIар.
Пщэдджыжьым Ланэ сымаджэщым кIуащ, Аслъэн емыдаIуэу. Къэхъунур ищIэрт абы. Ирэ, хъыджэбзыр къыщилъагъум, занщIэу къыбгъэдыхьащ.
- Ланэ, фIыуэ утлъэгъуащ ди унагъуэм, удыдейуэ сыт щыгъуи дыбжащ, ауэ Аслъэн жиIами дебэкъуэну дыхуейкъым. УкъэмыкIуэ, уи Iуэху иужь ит, Алыхьым насыпыфIэ уищI.
Ланэ и гъащIэр къэувыIам хуэдэт, къэхъуар апхуэдизкIэ и гум ежэлIати. Зыми къамылъагъумэ, къемыпсалъэмэ, нэхъ къищтэрт абы. И фIэщ хъуну хуейтэкъым Аслъэн апхуэдэу кърищIэфыну. ХищIыкIрэт абы щIалэм и гум къыщекIуэкIым? Хьэуэ… Аслъэн апхуэдэу щIищIар Ланэ папщIэт. Ар гуфIэу, гушхуэу дунейм тетмэ, нэхъ къищтэрт, щIалэ сымаджэм кIэлъыплъ нэхърэ. Зэм-зэм хуэмышэчу къыщитхъынут, сыщIалэу си гъащIэр пкъутащ, сыхъуапсэу зэманыр макIуэ, жиIэнут. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ, Аслъэн Ланэ иутIыпщащ, и гур къиузыкIыурэ.
Илъэсищ дэкIащ. Ланэ и гъащIэм зык1и зихъуэжатэкъым. Гъатхэ уэшхыр къыщешхым деж Аслъэн игу къэкIыжырт. Гъатхэпэр екIуэкIырт. Ланэ зигъэгувауэ лэжьапIэм къыщIэкIыжырт. Уафэр къызэщ1эуфIыцIат. Хъыджэбзыр псынщIэу и машинэм зэрынэсыжын Iуэху зэрихуэрт, уэшхым къыщIимыдзэ щIыкIэ. АрщхьэкIэ хуэхъуакъым. Уэшх иныр къелъэлъэхащ. Жыг щIагъым занщIэу зыщIидзащ Ланэ.
- Гъатхэ уэшхыр сфIэщIыIэщ.
ЩIалэ макъ гъунэгъу дыдэу къэIуащ. Хъыджэбзым зыкъигъэзащ. Илъагъур и фIэщ хъуртэкъым абы. Аслъэнт къепсэлъар.
- Ланэ, уэра? – укIытэжащ щIалэр.
- Си цIэр пщIэжрэ уэ, сытми? Сыпщыгъупщэжауэ, сумыцIыхуу, сыпцIыхунуи ухуэмейуэ щытащ. Сыт иджы къэхъуар? Сытым зихъуэжа? – мыувыIэу жиIащ хъыджэбзым.
- Апхуэдэу, кхъыIэ, жумыIэ. Си гур къыбогъэузыкI. Уэ пщIэркъым сэ мы илъэсищым гугъу сызэрехьар.
- Гугъу уэра ехьар? Си фIэщ хъункъым. ПцIыщ. Сэ сщIэнур къысхуэмыщIэу, гупсысэм сихьу, си лажьэр сымыщIэу, уэркIэ сысымэджащ. Ауэ уэращ гугъу ехьар. УкIытэ, апхуэдэу жыпIэн ипэкIэ, - губжьащ Ланэ.
- Сэ сыт сщIами уэ щхьэкIэ сщIауэ аращ. Уи гъащIэр дахэу пхьымэ, нэхъ къасщтэрт, сэ сыхъужыху укъызбгъэдэс нэхърэ. Сэ куэд щIакъым сызэрыхъужрэ. ИлъэсищкIэ уэ укъыскIэлъыплъыфынут? Сызепхьэфынут? Хьэуэ.
- Апхуэдэу узэригугъар? СыпцIыхуртэкъым, си щытыкIэр къэпщIэфакъым. Уи гъащIэр узэрыхуейм хуэдэу пщIащ, - гъащ, хуэмышэчу, Ланэ.
- Аслъэн, - хъыджэбз макъ жыжьэу къэIуащ.
- Хэт къоджэр? – щIэупщIащ хъыджэбзыр.
ЩIалэм и щхьэр ирихьэхащ, зыри жимыIэфу.
- Уи щхьэгъусэу ара?
- Аращ.
- Арауэ къыщIэкIынщ къыпкIэлъыплъари къыпщхьэщысари. Сэ схузэфIэмыкIынур абы ищIащ.
- Ланэ, Ланэ…
- Хьэуэ, Аслъэн, зыри жумыIэ. Сэ къызгурыIуэн хуейр къызгурыIуащ.
- Сыт? – щIэупщIащ щIалэр.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI, - жиIэщ, Ланэ жыг щIагъым къыкIэщIэкIыжри, уэшх иным хэту гъуэгумкIэ ирикIуэжащ.

ХЬЭХ Iэминат.
Поделиться:

Читать также: