Адэм деж письмо

Кафка Франц

(пычыгъуэ)

Си адэ лъапIэ! Сыпщышынэу щIыжысIэмкIэ укъызэупщIат зымахуэ. Зэрыхъу хабзэу, жэуап уэстыжыфатэкъым. Зы лъэныкъуэкIэ, сыпщышынэрт, нэгъуэщI лъэныкъуэкIи а шынэр къызыхэкIыр IупщI хъун папщIэ, зытепсэлъыхьыгъуей куэдыIуэ къэгъэхъеин хуейт. Иджыпсту жэуапыр тхыгъэкIэ уэстыжыну сыхэтщ. Ауэ ари нэмыгъэсыпауэ къэнэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сызэрыпщышынэмрэ абы кърикIуэнкIэ хъунухэмрэ зэран къысхуохъу. КъэтIэщIыжын хуей къомри си акъылымрэ си гумрэ яхуэгъэкъаруунукъым.

Уэ Iуэхур сытым дежи къызэрыкIуэ дыдэу къыпщыхъурт. Арат сэри, хэплъыхьышхуэ умыщIу нэгъуэщI куэдми къыджепIэ хабзэр. Мис мыпхуэдэ гуэрут уэ Iуэхур зэрыплъагъур: уэ уи гъащIэ псом псэемыблэжу улэжьащ, сытри уи щхьэм фIэпхыурэ бынхэм ептащ, псом хуэмыдэу - сэ. Абы и фIыгъэкIэ сэ «жьыр дэнэкIэ къыщепщэми сымыщIэу» сыпсэурт. Сызыхуей IэщIагъэм сыхуеджэну сыхуитащ, сшхын къэзлэжьыжын хьэзаб стемылъу, абы къикIыр къалэн зыри симыIэххэу. Абы щхьэкIэ уэри «фIыщIэ къысхуэфщI» жыпIэртэкъым: быным и фIыщIэр жыжьэ зэрынэмысыр уэ фIыуэ уощIэ. Плъагъуну узыхуейр, нэгъуэщI мыхъуми, къытхуэпщIэр къызэрыдгурыIуэм и нэщэнэ гуэррэ гущIэгъурэт. Абы и пIэкIэ сэ куэд щIауэ си пэшым, си тхылъхэм, си щхьэм къищхьэрыуэ гупсысэхэм, си ныбжьэгъу щхьэприххэм я деж зыщыпфIызогъэпщкIу. Сэ си гум илъыр зэи бжесIакъым, уи псэм и тхьэлъэIупIэм сыныщIыхьакъым, Францесбан ущыIэху зэи сыпщIэупщIакъым, сытми, зэи быным и IэфI зыхозгъэщIакъым, уи тыкуэнри узыпэрыт адрей лэжьыгъэхэри къысфIэIуэхуакъым. Фабрикэр уи пщэм дэслъхьэри зызгъэкIуэдыжащ, Оттлэ и ерыщыныр дэсIыгъащ, си ныбжьэгъухэм щхьэкIэ сытри сощIэ, уэ щхьэкIэ сытэджу сытIысыжакъым, уеблэмэ игъащIэм театрым узэрыкIуэн билет къыпхуэсщэхуакъым. Сэ стеухуауэ узэгупсысхэр зэхэплъхьэжмэ, сызэрыбгъэкъуаншэу къыщIэкIынур нэмысыншагъэкъым икIи бзаджагъэкъым (иужьрейуэ сщIа къэшэн мурадыр хэмытмэ). Къыздэбгъуэр сызэрыгущIыIэрщ, хамэгу-хамащхьэу сызэрыщытырщ, къысхуэпщIэр къызэрызгурымыIуэрщ. Ахэр къызэрызэбудэкI щIыкIэри сэ зыр псомкIи сыкъуаншэ хуэдэурэщ, зэ IумпIэ екъугъуэкIэ псори нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ схуэIуэнтIэн нэхъей. Ауэ щыхъукIэ, уэ зыкIи укъуаншэкъым, щабэIуэу укъызэрысхущытар хыумыбжэмэ.

А укъызэрызэгупсыс щIыкIэр сэри пэжу къэслъытауэ къыщIокI. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хамэ дызэрызэхуэхъуамкIэ зыпхуэзгъэгусэркъым. Ауэ сэри сыкъуаншэкъым а къытщыщIамкIэ. Мис ар уи фIэщ схуэщIамэ, Iэмал гуэр къытхукъуэкIынкIи хъунт. ГъащIэщIэ жысIэркъым, абы щхьэкIэ тIуми ди ныбжьыр хэкIуэтэIуагъэнщ, ауэ, нэгъуэщI мыхъуми, зэгурыIуэ гуэр. КIэ имыIэу дзы къысфIэпщын хьэлыр хыумынапэми, нэгъуэщI мыхъуми, нэхъ щабэ укъысхуэхъунт.

ГъэщIэгъуэнращи, уэ езым уи гум ещIэ сэ бжесIэну сызыхуейр. Зымахуэ, псалъэм папщIэ, къызжепIащ: «Сэ сыт щыгъуи фIыуэ услъагъурт, адрей адэхэм хуэдэу фэрыщIу сыпхущымытыфми». Сэ зэи шэч къытесхьэххакъым фIыуэ сыкъызэрыплъагъум, итIани, мы уи псалъэхэм мыпэж гуэр хэлъу къысфIощI. Дауи, уэ фэ зытебгъэуэфыркъым. Ауэ аркъудейм щхьэкIэ, адрей адэ псори фэрыщIу къыубжмэ, е зыри къыпфIэмыIуэхуу дэгу-нэф зыбощI, е, пэжым нэхъ ещхьращи, ди зэхуаку дэмылъыпхъэ гуэр зэрыдэлъымрэ абы уэри уи къуаншагъэ зэрыхэлъымкIэ, жумыIэпэми, зыкъыбоумысыж. Апхуэдэу уегупсысмэ, тIуми жытIэр зэтохуэ.

Сэ жысIэркъым сызэрыщытым хуэдэу сыщIэхъуар уэ уижь къызэрысщIихуа къудейм къыхэкIауэ. Ар жыпIэныр егъэлеиныгъэ дыдэу къыщIэкIынут, апхуэдэ егъэлеикIэр си хьэл пэтми. Уэ укъысхэмыIэбэххэу зызужьауэ щытами, итIани, уигу дыхьэ цIыху сыхъуфынутэкъым сэ. Армырми зи гур иуда сабий махэ, мыгушхуэф, цIыху бгъурыхьэпIэншэ сыхъуну къыщIэкIынт: Кафкэ Роберт жыпIэми, Германн Карл хуэдэхэм жыпIэми саремыщхьу, нэгъуэщI зыгуэру, иджыпсту сызэрыщытым сыхуэмыдэу, ауэ уэрэ сэрэ фIы дыдэу дызэгурыIуэу. Сэ сынасыпыфIэнут уэ ныбжьэгъуу, унафэщIу, адэшхуэу, уеблэмэ (мыбдеж тIэкIу зыщызолъэфыхь) щыкъуадэу узиIамэ. Ауэ си адэу ущытын и IуэхукIэ уэ сыткIи уегъэлеят, сэ сэлъытауэ. Си къуэшхэр пасэу зэрылIам, си шыпхъухэр кIасэIуэу дунейм къызэрытехьам къыхэкIыу, уи япэрей бын тегуплIэгъуэр си закъуэ згъэвын хуей хъуащ. Апхуэдэ IуэхукIэ сэ сымахэIуэт...

ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: