КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэМэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 14-м я бэнакIуэ 70-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 - 20-хэм къриубыдэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм хэта КIыщ Аслъэнбэч щыбанэ килограмм 72-рэ хъухэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ. Къыхэдгъэщынщи, ди щIалэм Урысейм и зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм къыщихьа дыщэ медалхэм мыр я еханэщ. Аслъэнбэч зыгъасэр КIыщ Муратрэ Къардэн Анзоррэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|