Сочэ къащыпоплъэ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы щызэпеуащ 2010 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэмрэ нэхъыщIэжхэмрэ.

Зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэм нэсащ республикэм и еджапIэхэм я командибгъу. АдэкIэ абыхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №14-м и командэм. Абы хэтащ Токъуий Валерэ, Ольховик Максим, Суючев Аммар, Ахматовэ Iэминэ сымэ.

Темрокъуэ Инал, Темрокъуэ Амир, Жэмбей Артур, Джыназ Ритэ сымэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м и командэм хэту зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуахэщ. Ещанэ увыпIэр яубыдащ Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №-2-м и гъэсэнхэу Iэщыжь Iэдэм, Къэжэр Сэлим, Iэщыжь Мухьэмэд, Джатэгъэжь Даринэ сымэ.

«Белая Ладья» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр мэкъуауэгъуэм и 1 - 11-хэм Сочэ къалэм щызэхэтынущ. Ди республикэм и щIыхьыр абы щихъумэнущ Налшык и курыт еджапIэ №14-м и командэм.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: