Вагъуищым я нэхъ цIыкIум

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.   

Ар адрейхэм елъытауэ зэрынэхътпэгъунэгъум I9I5 гъэм япэ дыдэу егупсысар Шотландие щыщ астроном Иннес Робертщ, а вагъуэм уафэм псынщIэу зэрызыщигъазэм зыкъомрэ кIэлъыплъа иужь. ИлъэситI дэкIатэкъым, а вагъуэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр зыхуэдизыр щIэныгъэлIхэм къапщын щыщIадзам. Иужьым а вагъуэм «Проксимэ Центаврэ» фIащащ, Альфэ Центаврэ вагъуищ зэрыбыным зэрыхыхьэм къыхэкIыу.

А щым я нэхъ цIыкIу Проксимэ Центаврэ и хъуреягъкIэ къыщызылъэтыхьу 20I6 гъэм астрономхэм гу зылъатар иужькIэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфэща, и инагъкIи ЩIы Хъурейм хуагъэда, нэхум зэрызидз псынщIагъкIэ илъэси 4,2-кIэ тпэIэщIэ (километр триллион 39-м нэблагъэкIэ, е, нэгъуэщIу жытIэмэ, ЩIыр Дыгъэм зэрыпэжыжьэм нэхърэ хуэдэ мин 270-кIэ нэхъыбэкIэ) планетэ гъэщIэгъуэну «Проксимэ b» зыфIащарщ.

Зи щхьэфэр мывалъэ защIэу зэхэт мыр, «зэпхам» и екIэрэхъуэкIыкIэм тращIыхьу къызэрабжамкIэ, дызытепсэукI ЩIым нэхърэ хуэдэ I,3-кIэ нэхъ хьэлъэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэри километр мелуани 7,5 къудейкIэщ. АтIэми, «Проксимэ b» планетэр, щытепщэ хуабагъ-щIыIагъкIэ, ди ЩIым хуэдэнкIэ хъуну къыщIалъытар и «дыгъэр» дыдейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIуу икIи градус къыщекIуэкIым елъытакIэ тIукIэ нэхъ зэщIэупщIыIуэжауэ зэрыщытырщ.

«Проксимэ b»-м гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунум щыгуфIыкIар астрономхэм я закъуэкъым, атIэ жылагъуэм щыщ цIыху къызэрыгуэкIхэми а Iуэхур узыгъэгушхуэ хъуну къалъытат.

АрщхьэкIэ, астрономхэми зэрыжаIауэ, дэ иджыри къэс хэтщIыкI щыIэкъым а уафэщIым и щхьэфэм къыщекIуэкIыр зыхуэдэм. Псалъэм папщIэ, зэкIэ дыщыгъуазэкъым «Проксимэ b» - м и гущIыIум узэрыбауэ хъу ди хьэуам ещхь ущыхуэзэнуми хьэршым къыпкърыпсыкI нурыбэм щыщу узыншагъэм дежкIэ зэран хъунухэм ар ящызыхъумэфын малъхъэдис губгъуэкIэ къэхъуреихьыжами.

 АтIэми, а упщIэхэм жэуап иратын ипэ къихуэу, Альфэ Центаврэ вагъуищ зэрыбыным щыщу Проксимэ Центаврэм и Iэхэлъахэм адэкIи кIэлъыплъынымрэ гу зылъатэу къыщаугъуеяхэр джынымкIэ лэжьыгъэшхуэхэр астрофизикхэм иджыри ирагъэкIуэкIыпхъэщ.  

Псалъэм папщIэ, абыкIэ сэбэп хъуфынущ Джеймс Уэбб телескоп (JWST) цIэрыIуэм хуэдэхэу хьэршым щызелъатэ станцхэм дяпэкIэ ирагъэувэну зыхуагугъэхэр.

АдэкIэ декIуэтэкIынщи, уахэ жыжьэм а и Iэхэлъахэм ипэрейм ещхь планетэ щыIэнкIэ зэрыхъунур 2019 гъэм къыхагъэщащ Чили къэралым хьэршым къыщекIуэкIхэр щызыджу щыIэ щIэныгъэлIхэм. Проксимэ Центаврэ и Iэхэлъахэм, ипэрейм нэмыщI, нэгъуэщI планети зэритым япэу гу лъызытар а хэгъэгум и La Silla обсерваторием и Harps спектрографым пыщIа, зи зэпрыупIэр метри 3,6-рэ хъу телескопым ирилажьэхэрщ. 

Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы къэхутэныгъэм щыхьэт техъуэн мурадыр яIэу, Италием и Турин къалэм щыIэ АстрофизикэмкIэ лъэпкъ институтым (INAF) и IэщIагъэлIхэмрэ Крит хытIыгум щылажьэ щIэныгъэлIхэмрэ Проксимэ Центаврэ вагъуэм къыпкърыпсыкI нэхум зыбжанэрэ зэрыкIэлъыплъар икIи абы и Iэгъуэблагъэм етIуанэ планетэ зэрыщыIэр шэч къызытумыхьэжыфын Iуэхуу къызэралъытар. 

ЗэрыкIэлъыплъа зэман кIэщIым къриубыдэу гу зылъатам и гугъу щащIу, я Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэр Италиемрэ Крит хытIыгумрэ я астрофизикхэм къыщаIуэтащ Science Alert щIэныгъэ журналым къытрырагъэдза я тхыгъэм. Абыхэм  къахутам тетщIыхьмэ, нэхум зэрызидз хуабжьагъкIэ илъэси 4-м щIигъукIэ тпэжыжьэ а уафэщIым и хьэлъагъыр ди ЩIы Хъурейм ейм нэхърэ хуэди 6-кIэ нэхъыбэщ, зэпха и вагъуэми дыдейр Дыгъэм зэрыпэIэщIэм нэхърэ хуэдэрэ ныкъуэкIэ пыIудзащ (Марсыр зэрыпэжыжьэм хуэдизу).

Проксимэ Центаврэ вагъуэм и хьэлъагъыр Дыгъэм ейм нэхърэ хуэди 8-кIэ нэхъ мащIэщ, ауэ Юпитер уафэщI абрагъуэу «ДызэкIэрэхъуэкIым» и къэухьым, дэ тхуэдэу, итым нэхърэ хуэди 130-кIэ нэхъ хьэлъэщ. «Плъыжь цIыкIужьей» лIэужьыгъуэм хабжэ езы вагъуэм илъэс меларди 4,85-рэ и ныбжьщ.

Астрономхэм я къэбжыкIэм тетщIыхьмэ, дызыщыщ КъэщIыгъэ Абрагъуэм (Вселенная) плъыжь цIыкIужьей вагъуэхэр ауэ жыжьэуи щымащIэкъым, щыкуэдыщэщ жумыIэмэ. Уеблэмэ, дызыхыхьэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм ит вагъуэ псоми я Iыхьэ щаниплIыр (3/4) плъыжь цIыкIужьейуэ хуагъэфащэ. Дахэ-дахэу щIэдмылъагъум и щхьэусыгъуэу къалъытэр къапкърыпсыкI нурым нэхуу къыздрихьэкIыр зэрымахэрщ.        

                                                                  КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ