НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 17, бэрэжьей

Гемофилием (лъыр пцIэным пыщIа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ
Циркым и дунейпсо махуэщ
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэщ
1927 гъэм
къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ.
1929 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолэ.
1955 гъэм
къалъхуащ «Краснодарпроектстрой» IуэхущIапIэм и унаэфэщIу щыта, Краснодар крайм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и депутат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тутэрыщ Батырбий.
1971 гъэм
къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дол Анжелэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 20 – 27-рэ, жэщым  градус 12 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ