Жыджэру зызыужь IэнатIэ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. А зэманым ирихьэлIэу ди щIыналъэм и санаторэхэмрэ курортхэмрэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мини 7-м щIигъум. Нэгъабэ и щIышылэ - гъатхэпэхэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 40-кIэ нэхъыбэщ. 

Ди къэралым и адрей щIыналъэхэм къикIыу ди деж зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэ туристхэр нэхъыбэу дэзыхьэхыр Iуащхьэмахуэ лъапэрщ. Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 2024 гъэм и япэ мазищым абы я нэгу зыщрагъэужьащ цIыху мин 278,6-м. Ари нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ процент 16-кIэ нэхъыбэщ.
Кавказ.РФ-м иджыблагъэ къызэритамкIэ, гъатхэпэ закъуэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ лъапэм зыщагъэпсэхуащ, япэм зэи къэмыхъуауэ, цIыху мини 103-м щIигъум. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, туризмэр жыджэру зызыужь, фейдэ къэзыт IэнатIэщ. Абы пыщIауэ нобэ лажьэхэм я бжыгъэр процент 38-кIэ нэхъыбэ хъуащ нэгъабэ елъытауэ икIи ар цIыху 4880-рэ хъуащ. ХьэщIэхэм Iуэхутхьэбзэу хуащIам и уасэр сом меларди 3,9-м зэрынэхьэсащ.

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: