ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъэхэм етхуанэ увыпIэр щиубыдащ. АбыкIэ япэ увыпIэм щытщ Камчатскэ крайр. Абыхэм я деж зыгъэпсэхуакIуэ кIуэ туристым хьэщIэщым щIэтIысхьэну зыщригъэтха махуэмрэ щыщIэтIысхьамрэ я зэхуакум мазитI пIалъэ иримыкъу дэлъщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым махуэ 35,9-рэ. 
Иджы ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм наIуэ къызэращIащи, а махуитIым – зыщрагъэтхамрэ къыщыкIуамрэ, -  я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъыр нэхъ мащIэхукIэ, зы жэщ укъыщыувыIэным и уасэр нэхъ лъапIэж хъунущ. Сыту жыпIэмэ, хьэщIэщыр зейхэм я деж къэкIуэну цIыху бжыгъэм и куэдагъыр нэхъапэIуэкIэ ящIэу щытмэ, абы нэхъ тыншу зыхуагъэхьэзырынущ икIи мыпIащIэу зыхуэныкъуэ хъуну псори къащэхунущ, абы къыдэкIуэу къэувыIапщIэр нэхъ мащIэнущ. 
Урысейм иджыпсту хуэдэ 1,5-кIэ нэхъ кIыхь щыхъуащ зыщрагъэтха махуэмрэ къыщыкIуамрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъыр – ику иту махуэ 15, илъэс ипэкIэ ар махуипщIу щытащ. ХьэщIэщым зыщрамыгъэтхыу занщIэу къакIуэу щIэтIысхьэхэм я бжыгъэми кIэрыхуащ. Нэгъабэ ар процент 45-рэ хъууэ щытамэ, мы гъэм – процент 41-рэщ. 
Дызытепсэлъыхь IуэхугъуэмкIэ къэралым щыпэрытхэм яхэтщ Алтайр – махуэ 55,4-рэ, Дагъыстэныр – 40,7-рэ, Калининград областыр – махуэ 38,8-рэ, Шэшэныр – 27,9-рэ, Осетие Ищхъэрэ – Аланиер – 26,4-рэ, Ставрополь крайр – 22,6-рэ. 
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: