МыкIуэдыжын фэеплъ

Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм цIыхубзхэм фронтым щызэрахьа хахуагъэр псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Абыхэм я фэм куэд дэхуащ, фIыщIэри щытхъури яхуэфащэрэ зыщыдгъэгъупщи мыхъуну.

Къасым фронтым щигъуэта уIэгъэ хьэлъэм щеIэзэ госпиталым и куэ лъэныкъуэр щыпахат. А госпиталь дыдэм медсестра нэхъыщхьэу щылажьэрт адыгэ цIыхубз, МарьянэкIэ еджэу. Абы зэхихат уIэгъэхэм адыгэ зауэлI зэрахэтыр. Абы лъыгъуазэу и Iуэху зытетыр къищIа нэужь игу ирилъхьащ хузэфIэкI псомкIи и хэкуэгъу щIалэм дэIэпыкъуну. Къасым зэрыт щытыкIэ хьэлъэм иджыри къикIатэкъым - хъыжьпIыжьт. Ауэ цIыхубз цIыкIур и къару емыблэжу сымаджэм щхьэщыст, и гугъуехьри, и гуауэри зэрыщигъэпсынщIэным хэту. Ауэрэ Къасыми зыкъищIэжри, игури нэхъ мащIэу къызэрыгъуэтыжу хуежьащ Марьянэ и фIыгъэкIэ. Ар абы сыткIи зэрыкIэлъыплъым имызакъуэу, ерыскъыкIи хуэсакъырт, уеблэмэ медсестрар пщэфIапIэм кIуэурэ, зэрыхузэфIэкIкIэ, Къасым адыгэ шхын тIэкIухэри езым и IэкIэ щыхуипщэфI къэхъурт. Апхуэдэ гулъытэм щIалэм нэрылъагъуу зыкъыдиужьыжащ. Зэман дэкIри, Марьянэ къищIащ Къасым гупыр зыгъэгуп лIыуэ зэрыщытар - пшынауэ Iэзэт, уэрэди дахэу жиIэрт. Махуэ гуэрым Марьянэ абы къыхуигъуэтащ урыс пшынэ. Хъыджэбзри дахэу къафэу къыщIэкIри, тIури нэхъыбэрэ зэхуэзэ, нэхъ зэпсалъэ хъуахэщ. Къасым игъуэта ныкъуэдыкъуагъым къытригъэпсыха гуауэр, зэманкIэ нэхъ мыхъуми, а псоми IэщIыб ирагъэщIрт, гъащIэм и IэфIри нэхъ зыхищIэ зэрыхъужар нэрылъагъуу.

Къасым госпиталым къыщыщIатхыкIыж махуэр къэсащ. Ар вокзалым къэзышэжари, мафIэгум къизыгъэтIысхьэжари Марьянэт… ЗауэлIыр  гъуэгу тету къыздэкIуэжым, зыпэмыплъа щIэщхъу къыщыщIащ. Абы игъэкIуэдауэ къыщIэкIащ зауэм ныкъуэдыкъуагъэ зэрыхихам къыхэкIыу пенсэ хуагъэувын зэрыхуейм и щыхьэт тхылъыр. Ар утыкум къинащ ищIэнумрэ зыбгъэдыхьэнумрэ имыщIэу. Игъэзэжынущи, тхылъыр етIуанэу къратыжынукъым, ар имыIэрэ езыми и лъакъуэ лъэныкъуэр пымытыжу зэрыхъунури къыхуэщIэркъым. Ар щхьэрыжэ щыхъуауэ  лъахэм и псэр къихьэсыжащ Къасым. КъыздэкIуэжами гурыфIыгъуэу сытыт абы къыщыпэплъэр? - хъуреягъым щыплъагъур зауэм и гуауэрэ тхьэмыщкIэгъуэрэт.

Зауэр иуха нэужь, Марьянэ щIэныгъэ зригъэгъуэтауэ ди пединститутым психологиемкIэ лекцэ къыщеджэрт. Абы иригъаджэхэм я деж къыщищIащ Къасым и Iуэху зытетри, игъэкIуэда тхылъым и зэранкIэ илъэс тIощIым нэсауэ пенсэ къызэрырамытри. Арати, гъащIэр къекIэрэхъуэкIащ аргуэру Къасым дэIэпыкъун хуейуэ. Куэдрэ емыгупсысу ар кIуащ зэгуэр зыщылэжьа госпиталым, тхылъ кIуэдар щIэрыщIэу къыхуIихыжын мурад иIэу. Дауэ ищIми, Марьянэ зыхуигъэзащ сымаджэщым и унафэщIу щыта профессор, полковник Макаровым икIи тIуми зэгъусэу архивхэр щIапщытыкIыурэ, а зыхуея тхылъымпIэр къагъуэтыжри, щапхъэ трахыжащ. Абдежми щиухакъым цIыхубз хахуэм и дэIэпыкъуэгъур. Абы Къасым пшынэ къыхуищэхури, тыгъитIри зэгъусэу хуихьыжащ. Гъуни-нэзи яIэтэкъым а тхьэмыщкIэм  къигуфIамрэ Марьянэ псапэу къихьамрэ. Абы иужькIэ Къасым пенсэр хуагъэуври, илъэситIкIэ къыIихыну хунэсауэ дунейм ехыжащ. Мис апхуэдэ цIыхухэрщ фIыщIэр къыщIигъэщIар.

ЖАНТЕМЫРОКЪУЭ БетIал.

Псыгуэнсу къуажэ.

 

Поделиться: