Мыщэ хужьхэр гугъу езыгъэхьыр

США-м и Геологие IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм мазитI ипэ къахутат и пIэм имызагъэу, псэупIэщIэ лъыхъуэу къэзущыхь мыщэ. И кIэм-икIэжым мыщэр къэмыувыIэу махуи 9-кIэ псым есащ, зытеувэн щIымыл имыгъуэту. ЩIыуэпс насыпыншагъэм, псэущхьэхэр гугъу зэрыригъэхьым и зы щапхъэ къудейуэ аращ ар.

Махуи 9-м къриубыдэу мыщэбз хужьым километр 690-рэ зэпичащ, илъэс фIэкIа мыхъуа и щIэжьейр псым итхьэлащ, езыри фIыуэ уэд хъуащ. Биологхэм зэрыжаIэмкIэ, нэхъапэIуэкIэ апхуэдэ зэи ялъэгъуакъым, жаIэуи зэхахакъым. Пэжщ, мыщэ хужьхэр шхын лъыхъуэу гъуэгуанэшхуэхэр зэпач, ауэ апхуэдизрэ псы щIыIэм къэмыувыIэу хэсауэ зэи ирихьэлIатэкъым.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дунейм и хуабагъэр зэрыдэкIуеям мылылъэ щIыналъэхэр егъэткIури, ищхъэрэ полюсыр зи псэупIэу игъащIэ лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ мыщэ хужьхэр кIуэдыжыгъуэ ихуащ.

Дызытепсэлъыхь, махуи 9-кIэ псым хэса мыщэр щапхъэу къапщтэмэ,  апхуэдэ узыншагъэ къызэригъэлъэгъуам уегъэгуфIэ. Сыту жыпIэмэ, мыщэ хужьхэм я псэупIэр яхъуэжын хуеймэ, кIэрыху щымыIэу псори Iэпхъуэфынущ. Ауэ, абы апхуэдизкIэ къаруушхуэ токIуадэри, мылъхуэжу, мыбэгъуэжу къэнэнкIэ шынагъуэщ.

Мыщэ хужьхэр псэущхьэ Iэлхэм я нэхъ ин дыдэщ. Абыхэм метри 3 я лъагагъщ, я хьэлъагъыр тонным нос, щакIуэ лъэщщ, псым фIыуэ йос, цы Iувымрэ щэмрэ къахъумэ. Я ерыскъыпхъэщ бдзэжьеймрэ хы псэущхьэхэмрэ.  Илъэс мин 600 ипэкIэ ахэр мыщагъуэхэм къатехъукIащ. Иджырей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIи, мыщэ хужьхэмрэ гъуэхэмрэ я генетикэр зэтохуэри, щIэблэ къатыфынущ.

Арами, мыщэ хужьыр тхылъ Плъыжьым иратхащ, хуэм дыдэу зэрыбагъуэмрэ щIэжьейхэм ящыщу куэдыр балигъыпIэм зэрынэмысыфым къыхэкIыу. Ахэр балигъыпIэ щиувэр илъэси 4-8 щыхъуам дежщ, илъэси 2-3-м зэ лъхуэуэ аращ. Нэхъ щIалэIуэхэм зырыз къалъхур, нэхъыжьыIуэхэм - 2-3.

1997 гъэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуат дунейм мыщэ хужьу мин 27-рэ тету. 20I6 гъэм къызэралъытамкIэ,  абыхэм я бжыгъэр мин 22-м къехат.

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: