Япон усэ зыбжанэ

 Япон лъэпкъым и усыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу япон литературэм гуэт къудамэшхуэщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зэман кIыхькIэ японхэр китаибзэкIэ фIэкIа мытхэу щытащ, хамэбзэр къазэрытекIуэм, езыхэри Китайм и унафэм зэрыщIэтым къыхэкIыу. Нэхъ пасэу ятха усэхэр японыбзэжь жыхуаIэ тхыкIэмкIэ ятхамэ, хуэмурэ усэкIэ хабзэхэр тIууэ зэщхьэщыкIащ. Зыр китаибзэм нэхъ пэгъунэгъу «канси» жыхуиIэращ, етIуанэр – езы бзэм и лъабжьэм екIуэлIэж «вакэ» гъэпсыкIэр.

«Япон усыгъэкIэ» йоджэ японыбзэкIэ тха усэхэми Японие хэгъэгум щатхахэми. Я бзэр щыдмыщIэкIэ, дэ ахэр къызэрытIэрыхьэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэщ. Литературэм дихьэххэр щыгъуэзэн хуейщ мы лъэпкъым и усыгъэр сатырищ «хокку»-хэмрэ сатыритху «танкэ»-хэу зэрызэхэтым. Ауэ а жыпхъэхэм щхьэдэх куэди щыIэщ. Япон усэ гъэпсыкIэм узэритхьэкъу Iэмалхэм язщ абы дунейм и щытыкIэмрэ усакIуэм и гурыщIэмрэ гъэщIэгъуэну, дэ дызэса европей гъэпсыкIэм емыщхьу зэрызэрипхыр, нэгум щIэкI теплъэгъуэмкIэ цIыхугум щекIуэкIыр къызэригъэлъэгъуэфыр. УсакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэм я усэхэу ди нэ къыфIэнахэр адыгэбзэм къидгъэзэгъэну дыхэтащ, ауэ абыхэм я дахагъыр дэ дызэса кIэух зэгъэкIукIэм зэремылъытар уазэрыIуплъэу уолъагъу. Абы щхьэкIи нэхъ мыхьэнэншэ хъуркъым. Усэр дахэ зыщIыр усакIуэм жиIэр уи фIэщ зэрыхъурщ, фэрыщIыгъэ зэрыхэмылъырщ. Япон усыгъэм и зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Марковэ Верэ зэрыжиIауэ, «усэ гуэрхэр щыIэщ, зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэбдзэкI къудейми, екIуу, зэгъэзэхуэн хуэмейуэ къанэу». Ар пэжрэ пцIырэ зэхэзыгъэкIыр, дауи, абыхэм къеджэрщ.

 

Орю Гэнро

***

СыщыцIыкIум ныбжьэгъуу сиIа псори 

Иджы цIэрыIуэщ, зымыцIыху щымыIэу. 

Хэт щIэныгъэм Iущыгъэ къыщеулъэпхъэщ,

Хэти и тхыгъэшхуэхэр зэкIэлъегъэпIащIэ.

Сэрщи, жьы сохъу, зыми срищхьэпэжкъым,

Ныбжьэгъухэм къысхуагъэнар

бжьыхьэ уэшхым и закъуэщ.

Си пщыIэм пщыхьэщхьэкIэ Iугъуэмэ щызогъэу,

Жьыбгъэми шамбыр Iупхъуэхэр егъэIэуэлъауэ.

 

 Акэми Татибанэ

***

Сыту фӀыӀуэ

Тхылъыжь гуэр

Узыхуэза напэм деж къыщызэтепхыу,

Псалъэхэм я зэхэлъхьэкӀэм

Къыппэджэж псэ къыщыбгъуэтыну!

 

Роан Одзавэ

***

ЩыӀэкъэ-тӀэ

Я хэлъэтыншагъкӀэ

Ефэурэ чэф зызыщӀ делэшхуэхэр,

ЗэштеупӀэ гурыхьхэр къагъэнауэ,

Зи бэлыхьхэр нэхъри зыгъэбагъуэхэр!

 

Сайгё

***

Дзы усыным удехьэх уэ:

«Мыр цӀыхуфӀкъым, мор щӀагъуэкъым».

Ауэ щыхъукӀэ, егупсысыт:

апхуэдиз хэпщӀыкӀыу дунейм

уэ узищӀыс ущыгъуэзэж?

 

Нарихирэ Ариварэ

***

«Налкъут мо удзым щылыдыр?» -

жиӀэу, къыщызэупщӀым,

«уэсэпсуращ ар» жесӀэжу,

щхьэ а ткӀуэпсхэм садэмыбзэхарэт...

 

Басё

***

Дзэлхэр мэбырыб...

СызыгъэгуфӀэ псори

кхъэм здихьаи ди Анэм.

***

Бзум ибгынэжа абгъуэ...

Куэдрэ сигу хигъэщӀынущ

НэщӀ хъуа гъунэгъум и унэм.

 

Томонори

***

Пшагъуэм щӀигъэна Ӏуащхьэм

Щыгъагъэ гъатхэ балийхэм

Сеплъыну зэи сыужэгъукъым.

Уэри абыхэм уарещхьщ,

Сыноплъ пэтми,

ЗыпщызгъэнщӀкъым.

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

Читать также: