ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ

«ЩIэблэ къабзэ-2024» къыхуеджэныгъэм щIэту дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар Къуэдз Борис и фэеплъ зэпеуэуи щытащ икIи абы хэтащ республикэм и бэнакIуэу 166-рэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуахэу.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ  Шыгъэлыгъуэ Аскэр, Темрокъуэ Идар, Уэщхъун Идар, Хъуран Къантемыр, БищIо Атхъан, Къашыргъэ Мухьэмэд, Мизиев Хьэжмусэ, КIэмпIарэ Азэмэт, ШэрыIужь Айдэмыр сымэ.

Мэкъуауэ Ансар, Унэж Тамерлан, Iэрыпщэ Iэдэм, Балъкъэр Темырлан, Борэн Инал, Iэпыч Мухьэмэд, Дыдэ Идар, Костахов Марат, Гъэунэ Азнаур сымэ етIуанэ хъуащ.

Ещанэ увыпIэр къахьащ Биттиров Алихъан, Кугъуэт Аслъэн, Къарэбаш Ибрэхьим, Бэч Анзор, Къамбий Сэфарбий, Дыкъынэ Анзор, Муртаз Алий, Срыкъуэ Ибрэхьим, Дудар Идар, Тау Инал, Шыд Жамболэт, Елей Астемур, БищIо Рустам, Уэркъуасэ Ислъам, Юсупов Марсель, Молэ Мухьэмэд, Хьэжмэт Идарбек, Шэрджэс Саид сымэ.

ЩIалэхэм я тренерхэр Ким Руслан, Куп Эдуард, Дзухэ Беслъэнрэ Залымджэрийрэ, Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Шаваев Хьэнэфий, Джэданэ Залым, Сэралъп Олег, Бунятов Али-Заде, Емкъуж Рустам, Тау Азэмэт, ГъуэплъащIэ Астемыр, Марыщ Эдуард сымэщ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ накъыгъэм и I7 - 20-хэм Налшык къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм.

                            АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться: