Я хьэлъагъ елъытауэ«НэщIикIыжым и Кубок»-р самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2012 - 2014 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ПкIэнашэ Аслъэн (кг 26-рэ), Чочаев Имран (кг 29-рэ), КъуэщIысокъуэ Сулеймэн (кг 33-рэ), Хьэмырзэ Аслъэнбэч (кг 35-рэ), Гындыгъу Амир (кг 38-рэ), ДыщэкI Дамир (кг 42-рэ), Дрогуэ Амырбэч (кг 46-рэ), Чочаев Инал (кг 50), Шыбзыхъуэ Басир (кг 55-рэ), Гавриш Денис (кг 55+) сымэ. Гуп зэпеуэм япэ увыпIэр Бахъсэным и командэм щиубыдащ, етIуанэр Налшыкым, ещанэр Тэрчым къахьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэхьэзэхуэм хэтахэр IэфIыкIэхэмрэ псыIэфIхэмкIэ игъэгуфIащ. Апхуэдэуи зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр, саугъэт щхьэхуэхэр иратащ. АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 16:33 →
Гуп зэпеуэм щыяпэщ
02.05.2024 - 14:21 →
Медаль тIощIрэ бгъурэ
02.05.2024 - 14:15 →
Дыщи домбеякъи къахь
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
|