Зыкъамыту хэкIуэдащУФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм Iэщэ яIыгъыу къазэрыпэщIэувам теухуауэ. КъызэратамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м, пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым, Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм экстремист, террорист Iуэхухэр зылэжьхэр къалъыхъуэным икIи убыдыным ехьэлIа лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIыу Налшык къалэм пэмыжыжьэу щыIэ хадэхэкIгъэкIхэм я зэгухьэныгъэхэм язым къащагъуэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухъуитI. Хабзэхъумэхэм абыхэм зыкъатыну хуагъэувати, IэщэкIэ къеуэу щIадзащ. Апхуэдэу щыхъум, ахэр яукIащ. Следственнэ управленэм и лэжьакIуэхэм ар къыщыхъуа щIыпIэр къыщызэхаплъыхьым къагъуэтащ ягъауэ Iэщэ зыбжанэ, абыхэм иралъхьэ шэхэр, гранатэхэр.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|