ГъэпцIакIуэр яубыдащ

Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу цIыхухъум. Абы зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм къэрал IэнатIэм лэжьакIуэ увыну мурад ищIат. ЦIыхухъум и къуажэгъум къыхуигъэлъэгъуащ Iэмал имыIэу зыхуеину дэфтэрхэр хузэхуихьэсыну, сом мини 100 иритмэ. Илъэсым къриубыдэу цIыхухъум «дэIэпыкъуэгъум» ахъшэ хуиутIыпщащ лэжьапIэ увын папщIэ Iэмал имыIэу зыхуеину тхылъхэр хузэригъэпэщын папщIэ.

Iуэхур щызэфIэмыхьэм, дзэлыкъуэдэсыр республикэм икIащ, ауэ къигъэзэжа нэужь хабзэхъумэ органхэм захуигъэзащ.

Къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм яубыдащ шэч зыхуащI, илъэс 36-рэ зи ныбжь дзэлыкъуэкъуажэдэсыр.

 Полицэм и лэжьакIуэхэм зэраубзыхуамкIэ, шэч зыхуащIыр къэрал IэнатIэхэм зыкIи япыщIакъым икIи лей зытехьам дэIэпыкъунуи хэтакъым.

 Дзэлыкъуэ район ОМВД-м и следственнэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.

ИджыкIэ къапщытэ ар нэгъуэщI щIэпхъаджагъэхэм пыщIамэ. Апхуэдэ зылэжьар илъэси 5-м нэскIэ ягъэтIыс.

ЩIалэщIэм зиумысыжащ

КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм яубыдащ интернетыр къэзыгъэсэбэпу цIыху къэзыгъэпцIар.

Урысей МВД-м Май районым щиIэ къудамэм 2023 гъэм мазаем и 16-м зыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 39-рэ хъу цIыхубзым. ЗэрыжиIамкIэ, абы интернетым къыщигъуэтат автомашинэ шэрхъхэр ящэу. Ар зыщэм зыпищIэри, сом 22500-рэ хуиутIыпщащ. АдэкIэ хъыбарыр ирахыжащ икIи ахъшэ зыхуиутIыпщам зыпищIэфакъым, къищэхуари къыIэрыхьакъым.

КъБР-м щыIэ МВД-м и УУР-м и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащIыр яубзыхуащ. Ар Тэтэрстан Республикэм и Набережные Челны къалэм щыпсэу, нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 22-рэ зи ныбжь щIалэрщ икIи илэжьамкIэ зиумысыжащ.

 Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Ар апхуэдэ нэгъуэщI щIэпхъаджагъэхэм пыщIамэ зэхагъэкI.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: