Налшык дэт Музыкэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Музыкальный диалог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэдагъэхьэзырар.
Дахагъэм къару лъэщ зэриIэр наIуэ тщащIащ а пщыхьэщхьэм. И макъамэ щабэхэмкIэ ди къэралми абы и адрыщIкIи цIэрыIуэ щыхъуа Къэбэрдокъуэ Мурат фортепианэм щеуэкIэ дунейр зэщIогъагъэри гугъэщIэм уи гур щыз ещI. Мы пщыхьэщхьэм иджыри зэ хьэкъ сщыхъуащ лъым къаруушхуэ зэриIэр, абы хэлъ нэрымылъагъу къарум пэлъэщын зэрыщымыIэр. Бэрбэч Аскэр а пшыхьым бзэ зыбжанэкIэ уэрэд щигъэзэщIати, пэшым цIыхуу щIэсыр умэзэхауэ едэIуащ, ауэ пасэрей уэрэ-дыжьхэр щигъэзащIэкIэ Iэгуауэр нэхъ ин хъурт. Бэрбэчым и макъыр адыгэбзэм тегъэпсыхьащи арагъэнщ апхуэдэу къабзэу, гум и налъэ къэс нэIусу щIигъэIур.
Пшыхьым щагъэзэщIащ МэшбащIэ Исхьэкъ, Къэжэр Пётр, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къаныкъуэ Заринэ, Емыжь Нурбий, Къарэ Мурэдин сымэ, нэгъуэщI усакIуэхэми я Iэдакъэ къыщIэкIа уэрэдхэр, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр.
Пшыхьым къекIуэлIа дэтхэнэми имыгъэщIагъуэу къэнакъым Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ Даут Сусанэ и макъ лъэщыр. ИнджылыбзэкIэ, адыгеи, къэбэрдеи диалектхэмкIэ уэрэд зыбжанэ щыжиIащ абы. А пшы-хьым япэу утыку къыщрихьащ тхакIуэ, усакIуэ, драматург, журналист Бемырзэ Зураб и «Мэрамэжьей» усэм къытращIыкIа уэрэд, макъамэр зытхар Къэбэрдокъуэ Муратщ.
Даут Сусанэ Адыгейм и къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэщ. Абы ди къэралми и адрыщIкIи щекIуэкIа зэпеуэ куэдым пашэныгъэ щиубыдащ. 2014 гъэм «Адыгейм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. 2017 гъэм ар хэтащ Кадыров А. и цIэкIэ къызэрагъэпэща «Голос Кавказа» радиофестивалым. Адыгейм и «Налмэс» ансамблым и гъусэу Китайм, Израилым, Абхъазым щыIащ. 2019 гъэм ар нэсыфат «Новая Звезда» фIэщыгъэм щIэт урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм. 2020 гъэм Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалым япэ нагъыщэ зиIэ и лауреат хъуащ. 2022 гъэм Даут Сусанэ щхьэхуэу ита концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт Пысь Артёмрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэр зи щIэдзапIэ дахэ уэрэджыIакIуэм нэхъыбэжкIэ къызэрыпищэнум шэч къытепхьэркъыми, ефIэкIуэну, зиужьыну ди гуапэщ.
Пшыхьым хэту ХьэIупэ ДжэбрэIил псалъэ щратам жиIащ адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ ину мы щIалэгъуалэр къызэрилъытэр.
- Даут Сусанэ и макъ нобэ япэу зэхэсхауэ аращи, телъыджэщ! ИкъукIэ сигу ирихьащ. Лъэпкъыр фIыкIэ зыщыгугъхэм фащыщщи, фефIэкIуэну сынывохъуэхъу, - жиIащ ХьэIупэм.
- А пшыхьым щытлъэгъуар пасэрей гъуазджэм и куупIэм дызыхьыж, и фIыпIэм дыщызыгъэгъуазэ дунейщ, - жеIэ Бемырзэ Зураб. - БлэкIа зэманым къыхэIукI макъа-мэр а лъэхъэнэм хьэлъэ дэхъуауэ, дишэхауэ къыпщыхъуркъым, атIэ псэ налъэкIэ фIэкIа узылъэмыIэсыф, узыщIэзыгъэгупсысыж, узыIэт къэхъугъэ телъыджэщ. Дэ а дунейм дыхашэри а макъа- мэ телъыджэхэр къэзыгъэщIа лъэпкъым дызэрыщы-щыр хьэкъ тщащIащ, а гупсысэм и IэфIыр ди Iум телъу дызэбгрыкIыжащ. ЗэфIэкI уасэншэ зыбгъэдэлъ Къэбэрдокъуэ Мурат уэрэдым хуиукъэбзыкIа макъ лъагэ зиIэ Даут Сусанэрэ Бэрбэч Аскэррэ зэгъусэу къызэра-гъэпэща пшыхьыр хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэм и пшыналъэу къэплъытэ хъунущ.
Абы щыIуа адыгэ макъамэхэм седэIуа иужь: «Ди Тхьэ, сыту фIыт Адыгэу сыкъызэрыбгъэщIар!»,- жысIащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.