ЕкIуу зыкъыщагъэлъагъуэ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы гупурэ гуэшауэ щызэпеуащ я ныбжькIэ илъэс 14 - 15, 16 - 17, 18 - 20-м къриубыдэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту 1600-м нэблагъэ, къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 62-м къикIауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр цIыху 25-рэ хъууэ хэтащ а зэхьэзэхуэм икIи я ныбжьрэ я хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Марзоев Даниял, Мамий Рэмэзан, Маштегэ Дмитрий, Бахъсэн Темырлан, Жамбей Астемыр, Переясловэ Валерие, Сокъур Арсен сымэ.
ЕтIуанэ хъуахэщ Уянов Ахъмэт, Гижгиев Елъхъан, Байрамуков Рашид, Къэрмокъуэ Руслан сымэ. Темукуев Ахъмэт, Асановэ Беллэ, Федоренкэ Владислав, ЩоджэнцIыкIу Андемыр, Къэзан Рустам, Этезов Владимир сымэ ещанэщ. 
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Сэбаншы Мурат, Шахмурзаев Щыхьмырзэ, КIэш Даут, ДыщэкI Мухьэмэд, Мэкъуауэ Алан, Этезов Владимир сымэ.

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: