Дыщэ зыхэлъ гъавэхэкIДуней псом цIыхуу тетым я зэхуэдэ ерыскъы къызэрымыгуэкIыу къалъытэ нартыхум медицинэми увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Абы и хьэдзэхэр РР, Е, Д, К, В, ВI, В2 витаминхэмкIэ, аскорбиновэ кислотамкIэ, нартыху сэмбхэр калий, кальций, фосфор, гъущI, магний пкъыгъуэхэмкIэ къулейщ, и белокым хэлъщ триптофан, лизин аминокислотахэр. Нартыху цIынэ грамми 100-м клетчаткэу грамми 2,5-рэ, гъэвам грамми 2,7-рэ хэлъщ. Абы къыхэкIыу ар хуэсэбэпщ лъатэ, кIэтIий узхэм. Нартыхур щIэх-щIэхыурэ зышххэм гу, лъынтхуэ, фошыгъу узхэр, инсультыр нэхъ мащIэрэщ къазэрыжьэхэуэр, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зыхуей псори нартыхум къыхегъуатэ. Псом нэхъ гъэщIэгъуэнщ нартыху гъэфIэIуам а пкъыгъуэ сэбэпу хъуар, къанэ щымыIэу, хъума зэрыщыхъур - фыщымысхьу ар хэфлъхьэ хадэхэкI зэхэупщIэтахэм, зэхэгъэжьахэм.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|