Я нэхъ шынагъуэм полъэщ

ГъэщIэгъуэнщ

Гельмгольц и цIэр зезыхьэ центрым, Германием и Дрезден-Россендорф щыIэм, и щIэныгъэлIхэм къахутащ языныкъуэ бактерие лIэужьыгъуэхэм радиоактивнэ пкъыгъуэ шынагъуэхэр цIыхухэми псэущхьэхэми зэран зэрахуэмыхъун щытыкIэм зэрынахусыфынур. Ар къэмыхъуа текIуэныгъэшхуэу къалъытащ.
КъэхутакIуэхэм хэIущIыIу зэращIамкIэ, а зи гугъу ящI «Desulfosporosinus» бактерие лIэужьыгъуэм ущрохьэлIэ псы здэмыкIуэ ятIэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм. Апхуэдэ ятIэхэм къыхэщIыкIа къэухьхэр хуащI къагъэсэбэпа радиоактивнэ пкъыгъуэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэр щагъэтIылъ хъумапIэхэм. ЩIэныгъэлIхэм къапщытащ а бактериехэр уран ткIуаткIуэм зэрыдэхъу щIыкIэр. А пкъыгъуэм щIыуэпсым узэрыщрихьэлIэр IV е VI валентнэущ. Ураным и дэтхэнэ лIэужьыгъуэри шынагъуэщ икIи абы и инагъыр зэлъытыжар абы псым зэрызыщищI щIыкIэрщ - хоткIухь е хэткIухьыркъым. ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ «DesuIfosporosinus» бактериехэм псым хагъэткIухьа VI валентнэ уран шынагъуэр IV валентнэм тынш дыдэу зэрыхуагъэкIуар. Зы тхьэмахуэ кIуэцIым абыхэм пкъыгъуэ шынагъуэхэм я процент 40-р зэраныгъэшхуэ къэзымышэ радиоактив пкъыгъуэу зэрахъуэкIыфащ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, микроорганизмхэм езыхэм зэрызахъумэж а Iэмалым и фIыгъэкIэ радиоактив пкъыгъуэхэр щагъэтIылъ хъумапIэхэр щIыуэпсымкIи абы щыпсэухэмкIи шынагъуэншэ пхуэщIынущ, уеблэмэ пхуэгъэкъэбзэжынущ а пкъыгъуэхэр зылъэIэса псыхэри.
Апхуэдэ къэхутэныгъэм дуней псор щIыщыгуфIыкIын щхьэусыгъуэщ, цIыхум я нэгу щIэкIа Чернобыль, Фукусимэ я атом реакторхэм къадэкIуа насыпыншагъэхэр къэплъытэмэ. КъищынэмыщIауэ, а къагъэсэбэпа радиоактивнэ пкъыгъуэхэми, дунейм къытемыхьэу, я хъумэнри Iуэху цIыкIукъым.

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: