ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

1-нэ Iыхьэ

Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 
Сымаджэщым сыкъызэрыщIэбэкъукIыу, зы щIалэ къамылыфэ гуакIуэ и нэгум сыIуплъащ. Ар зыкIэ лъагъугъуафIэти… Къамылыфэр лъагъугъуафIэщ, жаIэ. Ар жаIэу къэнэжкъым, пэжщ! ЩIалэр сымаджэщ пщIантIэм дэт тетIысхьэпIэ лэч удзыфэкIэ лам тест, махуэр хуабэми, фIы дыдэу зэщIэкударэ, тутын тIэкIури Iурыгъэсауэ. И IитIыр зэрыдзарэ, и куэщIым икъузэжауэ, зэфIэгъэуарэ, тIэкIу и щIыбыр къыдэшыIуауэ пIэрэ, жыпIэу, къысхудоплъей. Сэри соплъ. 
СоукIытэри, си напIэхэр изохьэх. ЩIалэм сыздыблэкIым, схуэмышэчу, си напIэр къызоIэтыжри, и нэгум хуиту соплъэ… Абы и нэхэм зыкIэ зэш ин щIэлъти, зыкIэ дэIэпыкъуныгъэ лъыхъуэрти, гъащIэ IэфIыншэм и бзий фагъуэ мащIэхэр къащIихырти… Си гур, моуэ зыгуэрым ихузам хуэдэу, къыхэузыкIат, апхуэдизкIэ гухэщIт щIалэм и плъэкIэри. 
Зы Iуплъэгъуэ закъуэм сыту куэд дыдэ къыщыбжиIэ къэхъурэ-тIэ! Апхуэдэут зэрыхъуар. 
Си лъэм симыхьыжу, сыкъызэтеувыIащ. Зыгуэр жысIэн хуей хуэдэу сызэрыщытыр сщIэркъым. Си бзэгупэм псалъэ гуэрхэр къытохьэ, акъылыр абы лъэщIохьэжри, изокъухыж. Сыщытщ, щIалэм сыхуоплъэкIри, езыми и щхьэр къиIэтауэ, ауэ а зэфIэгъэпщхьауэ зэрыщысым хуэдэу, къысхудоплъей. Тутын жьэдэлъым IэпэкIэ емыIусэу, йокъу, Iугъуэ Iувыр къызэжьэдрегъэху, ар зыхудрихуей и нэ сэмэгур щIеукъуанцIэ, и набдзэ лъэныкъуэр дришеяуэ, сабыр дыдэу къызоплъ. Абы и плъэкIэм а дакъикъэм «НтIэ, сыт?» - упщIэ гурыIуэгъуейр къызит хуэдэт. Абы къригъэкIри, зыщIэупщIэ хуэдэри зыгурыгъаIуэ уэ! 
ТеплъэкIэ щIалэр къабзэ дыдэт, ауэ тхьэмыщкIагъэ гуэри и нэгум кърихырт. 
Сызэрыщытщ, соплъ. Езыри къызоплъ. 
- КъетIысэх! 
ЖысIэнури сщIэнури сщIэркъым. 
- ТIыс, зо!
-Хь-хьэуэ…
- НтIэ, щхьэ укъысщхьэщыт сэром хуэдэу, сэ иджыри сылIакъым! Адэ сишэжыну, «лъыхъу» къысхуагъэкIуэну щIалэ Iэчлъэчыжьми урещхь хуэдэкъым икIи… 
Ар апхуэдизкIэ шынагъуэу, гушыIэ лъэпкъ хэмылъу, жиIат щIалэми, псы щIыIэ пэгун къыстракIам хуэдэу, зыкъэсщIэжри, псынщIэ дыдэу сымаджэщ пщIантIэм сыкъыдэжыжащ. 
Япэ къэса маршруткэм зиздзэри, пщIэнтIэпсыр къызэкIуарэ си гур «дыгу-дыгу» жиIэу къызэреуэр зыхэсщIэу, сетIысэхащ. Махуэ псом си щхьэм илъащ а щIалэр. Сыту пIэрэ апхуэдизу зэхэмызагъэ теплъэхэр нэгу лъагъугъуафIэм щызэхэпшэхъуэн щIэхъуар, сыту пIэрэ мы дуней нэху дахэшхуэр а щIалэм дыдж дыдэ щызыщIар, апхуэдэурэ псэлъэну?! Е уз Iей иIэу, ар езым ищIэжу арауэ пIэрэ?! Хьэмэрэ…
Сэ сарихьэлIат фIыуэ зи жагъуэ ящIа, гуауэм итхьэла, зи Iыхьлы дунейм ехыжа цIыху куэд, сащIэплъат абыхэм я нэ нэщIым, гъыным иригъэкIа я макъ дэгухэр си тхьэкIумэм къиIуат, ауэ а щIалэм и щхьэри и псэри иужэгъуауэ къызэрысщыхъуам хуэдэ щытыкIэ зыми иIакъым. Мыр щыхупIэм щхьэщыт хуэдэт. Гупсысэм сиукIырт – сыт къыпщыщIын хуейр, апхуэдэу гунэщI ухъун папщIэ?! Тхьэшхуэм и къарур инщ, ахэр бгъэщIагъуэ хъунукъым. Арами… 
Сымаджэщым щытезгъэзэжа махуэм си анэ шыпхъур, ЗерэкIэ зэджэ цIыхубз гъумышхуэр, операцэ ящIу, ди благъэ псори сымаджэщым щызэхэту срихьэлIащ. Апхуэдэхэм деж зэрыщытщи, языныкъуэхэр я щхьэ ехьэхауэ сымаджэм и Iуэхум егупсысу, етIуанэхэр IэмалыфI ихуарэ, убэу, ещанэхэр а тIум якIэлъыплърэ ялъагъур зэпашэчыжу щытт. Сэри а «ещанэхэм» захэзбжэжырт. 
Ихьи, мо жыг баринэшхуэм тхьэмпитI зэщхьыркъэпсу зэрыпымытым хуэдэу, цIыхухэри зэщхькъым! Ар иджыри зэ быдэу си фIэщ хъуащ нобэ. Аращ-тIэ, сыт пщIэн?! Ар дунейм и хабзэщ. Дызытет дунейр гъэунэхупIэу, цIыху зэхэгъэкIыпIэу, жаIэ. Ар къызгурымыIуэр нэхъыбэу къызолъытэ. Иджыпсту мы сызыхэплъэ гупым апхуэдэ куэд яхэту пIэрэ?... 
- Зыри зэхэпхыжыркъыми, хьи… - макъ гъум дэгум си гупсысэхэр зэпичащ.
Макъыр къыздиIукIамкIэ сыплъэмэ, зымахуэрей щIалэ къамылыфэр щытщ. 
- Къысхуэгъэгъу, сэра узэпсалъэр? – зыхузогъазэ абы.
«Си ужь иту къакIуэ» жыхуиIэу, и Iэр къысхуещIри, тетIысхьэпIэмкIэ еунэтI. Сэри зызоплъыхь, си гъусэхэм ящыщ гуэрым гу къыслъитэу пIэрэ? Зыми сакъыфIэIуэху хуэдэкъым. ЩIалэ мыцIыхур къызоплъэкIри, щэху гуэр къызжиIэным хуэдэу, и щхьэр къысхуещI «мыдэ къакIуэ, зо», жыхуиIэу. Пэж дыдэу, зыгуэркIэ къысхуей хъунщ, жызоIэри, сыкIэлъокIуэ. 
- Сыт, уи анэ шыпхъур ябзэу ара? – и бэлъто жыпым тутын кърихри, жьэдилъхьауэ, мафIэ щIегъэнэж, здетIысэхым.
- Ябзэкъым, операцэ ящI!
- НтIэ, сэ сыт уи гугъэ жыхуэсIэр?! Пэрыс?
- Сыт здыпэрысыр? – зыщIэупщIэр къызгурыIуэркъым.
- Уэлей, уэрам «здыпэрысыр»! Пэрыс жысIащ сэ, щхьэбацэ.
- Узыхуейр занщIэу жыпIэмэ, Iуэхур нэхъ тынш хъуну пIэрэт, жызоIэ, – делэным иукI щIалэм си пIэм сыкъришащ.
- Ей, упщIыIу, зэ. Сыту зыбгъэшыбжийрэ! Сэ си цIэр Пэрысщ. Зэхэпхакъэ зэи «Парис» алыджыцIэр? НтIэ, мис ар адыгэбзэкIэ Пэрысщ. ПщIэрэ, адыгэбзэращ алыджыбзэр къызытекIыжар! «Пэрыс» жиIэмэ «зыгуэрым пIэтIысауэ, абы ежьэу щыс» жиIэу аращ къикIыр. Ар адыгэбзэкъэ?
- АдэкIэ… - къибж къомыр схуэмыхьу си напIэр хызош, япэу сыщыIуплъам сызригъэува щытыкIэ телъыджэри щхьэпсыншагъэ къысщегъэхъуж.
- …Уи зэхэщIыкIыр си дежкIэ мащIэ дыдэщ! Градусищэрэ ищIкIэ зыгъэкIэрахъуи, марш! – и щхьэр иредзэкIыжри, тутыныр зыIурелъхьэж, и лъакъуэхэр зэтредзэри, сабыр мэхъуж.
- Ей, уэ сымаджэщкIэ ущыуауэ къыщIэкIынущ. Делэщыр нэгъуэщIыпIэкIэщ здэщыIэр… - жызоIэ, сыгубжьауэ.
Уа, мыр делэ дыдэу ара, хьэмэ зищIрэ?!
- Хэт а щIалэр, - жи, си анэм и нэщхъыр хьэзыру.
- Тхьэ, мамэ, делэ мыгъуэ си гугъэм ар. КъебжIари щысщ. Сэ зыгуэркIэ сыхуэщхьэпэн си гугъэри, сыбгъэдыхьат, къызэджати. Езым и акъылыр мытэмэм дыдэу къыщIэкIащ…

 

 

 

 

 

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: