Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ

УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэгурыIуащ илъэсым и шыгъажэ нэхъ нэгузыужь дыдэу къалъытэ «Урысейпсо дерби» цIэр зезыхьэ зэхьэзэхуэр Налшык ипподромым зэрыщызэхэтынумкIэ. 
2023 гъэм щегъэжьауэ Мэзкуу шыгъэжапIэр зэIузэпэщ ящIыжын папщIэ, лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Мэзкуу и къалэтет Собянин Сергейрэ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрийрэ лэжьыгъэр здынэсар зрагъэлъагъуну щыхьэрым и шыгъэжапIэ нэхъыщхьэм щыкIуа махуэ дыдэм ирырагъэхьэлIащ «Обратный отсчет» нэтыным и зи чэзу и къыдэкIыгъуэр, сыту жыпIэмэ, Мэзкуу шыгъэжапIэр хьэзыр хъуху, абы и къалэнхэр Налшык ипподромым ехь. Аращ КИФЩI-мрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ хиубыдэ шыгъэжапIэхэр зи IэмыщIэм илъ ди лъахэгъу, шыхъуэ цIэрыIуэ Сэкрэк Заур а нэтыным щIрагъэблэгъар. 
Илъэс блэкIам Налшык шыгъэжапIэм щызэхэта зэхьэзэхуэхэр нэри псэри игъэгуфIэу зэрекIуэкIам псоми я фIэщ ищIащ Iуэхум бгъэдыхьэфым куэд зэрыхузэфIэкIынур. Инджылыз шы лъэпкъми, адыгэшми, лъэпкъ хабзэми, къэрал щэнхабзэми, тхыдэми увыпIэ щхьэхуэ, ари лъагэ дыдэу, яритыфащ адыгэ фащэкIэ урысейпсо утыку ихьэныр хьэл зыхуэхъуа Сэкрэк Заур. Апхуэдэу лъэбакъуэ зырызурэщ цIыхупсэр къызэрахьэхури лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зэрагъэкIуатэри: и пщэ къыдалъхьа къалэныр игъэзащIэкIэрэ, езым зыхуигъэфэщэжымкIэ хамэри къыдихьэхыфу. А псом гу лъызытар ди мызакъуэу къыщIэкIащ. «Урысей ипподромхэр» IуэхущIапIэм и унафэщI къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Фролов Максими зи гугъу тщIы нэтыным къыщыхигъэщащ Налшык ипподромыр «Урысейпсо дерби» зэпеуэр щебгъэкIуэкIын хуэдизу зыхуей зэрыхуэзар. «Дэ дызэреплъымкIэ, - жиIащ Фроловым, - Налшык дэт шыгъэжапIэр къэрал зэхьэзэхуэшхуэр иригъэкIуэкIыным хуэхьэзырщи, апхуэдэ Iэмал абы етын хуейщ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэр ипподромым накъыгъэм и I-м шыгъэжэгъуэр къыщызэIуахыным зыхузэрегъэпэщ. Накъыгъэм и 9-м ТекIуэныгъэм и махуэм и фэеплъу шыгъажэшхуэ екIуэкIынущ. Зи гугъу тщIы «Урысейпсо дерби» зэпеуэр щызэхэтынур фокIадэм и 6-рщ. Аращи, ди шыгъэжапIэхэм фыкъэкIуэну дыфщогугъ». 
«Шыгъажэ дапщэ мы гъэм Налшык щекIуэкIынур? Дауэ «Урысейпсо дербим» и унафэр къызэращтар, фэри къывэчэнджэща? Iуэхур фи унафэщIхэм къывдаIыгъ? Шы куэд накIуэмэ, зыщIэвгъэхьэн фиIэ? ШэщыщIэхэр фухуэну?» - апхуэдэ упщIэхэмкIэ зыкъыхуагъэзащ Сэкрэк Заур икIи а псоми нэгъэсауэ жэуап зэрыритам дрищыхьэтщ: 
- Псом япэ УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэми «Урысей ипподромхэми» фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ, къэралым мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэу щекIуэкIыну зэхьэзэхуэр дэ дзыхь къызэрытхуащIым щхьэкIэ. Куэд щIауэ дыщIэхъуэпсырт абы, шыгъэжапIэри хуэхьэзыру жыпIэнущ, нэгъабэ едгъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэм апхуэдэ Iэмал къыдет. Иджыпсту шуейхэр зыщIэсыну унэр догъэхьэзыр. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэну псори, ахэр спорт хеящIэ, СМИ, шу, шыхъуэ, хьэщIэ ирехъу, зыхуей зэрыхуэдгъэзэн къару диIэщ. 
Шэщхэм я гугъу тщIымэ, пэжщ, иджыпстукIэ 360-рэщ ахэр зэрыхъур, ауэ иджыри псынщIэу яухуэ шэщхэм хуэдэ духуэну ди мурадщ. Аращи, шы бжыгъэ къекIуэлIэнум ятеухуауэ гугъу дехьынукъым. Дэ махуитIкIэ екIуэкIыну шыгъажэщ зызыхуэдгъэхьэзырыр: фокIадэм и 6-м «Урысейпсо дербир», фокIадэм и 7-м - «Iуащхьэмахуэ и кубок» зэпеуэр зэхэтынущ. Абы нэхърэ мыхьэнэ нэхъ зиIэ Iуэхугъуэ мыгъэрей шыгъэжэгъуэм хэтыну къыщIэкIынкъым. 
Унафэр къэзыщтар УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ, ауэ ди еплъыкIэхэми я хьэтыр къалъэгъуащ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, махуитIу зэгуэт а шыгъажэр игъащIэм къэмыхъуа теплъэгъуэ телъыджэ хъупхъэщ. Ар Налшык щрагъэкIуэкIыну мурад зэращIари фIы дыдэщ, сыту жыпIэмэ, дэ КИФЩI-м и курыкупсэм дисщ. ИжьырабгъумкIэ Осетие Ищхъэрэр, Ингушыр, Шэшэныр, Дагъыстэныр къитхэщ. СэмэгумкIэ - Ставрополь, Краснодар крайхэр, Ростов областыр. А къезбжэкIахэр псори Урысейм и шы гъэхъупIэ пэрыт защIэщ, ди деж абыхэм укъикIыу укъэкIуэнри тыншынущ. Ди республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ УнафэщIымрэ псори къыддаIыгъ, ахэр ди гъусэу цIыхубэр арэзы зыщIын шыгъажэ къызэдгъэпэщыфыну сыщогугъ. «Урысейпсо дерби» зэхьэзэхуэр япэу КъБР-м щызэхэтыну аращ, ар ди щIыпIэм и щыпэлъагъущ. Шыгъажэ махуэ I6-м нэс едгъэкIуэкIынущ мы гъэм. Ар нэгъабэрейм елъытауэ тIукIэ нэхъыбэщ.
Шэч къытесхьэркъым «Урысейпсо дербир» КъБР-м зэрыщызэхэтынум шыхъуэхэми, абыхэм зэрахуэ шыхэм я дежкIи, езы лъы къабзэ шы лъэпкъым зиужьынымкIи щхьэпэ зэрыхъунум. Зи гугъу сщIыр ди щIыналъэм е Кавказ Ищхъэрэм и закъуэкъым, атIэ - Урысейм зэрыщыту. ТлъэкI къэдгъэнэнкъым Шыгъажэм и мыхьэнэр къэдгъэлъэгъуэн папщIэ. ШыхъуэщIэхэри утыку къришэнущ мы Iуэхум. Аращи, псори тхузэфIэкIынущ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: