Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

Зэхьэзэхуэм хэтахэр гупибгъуу гушауэ щытати, абыхэм ящыщу 8-м япэ увыпIэхэр ди республикэм и командэм къихьащ. Абы нэмыщI, дыжьыну 8-рэ, домбеякъыу 14-рэ ди щIалэхэм зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи гупхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ. 
Мыдрейуэ, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Унэж Амирлан (кг 38-рэ), Биттиров Алихъан (кг 42-рэ), Шыгъэлыгъуэ Аскэр (кг 46-рэ), Теммоев Алан (50), Пухаев Альберт (кг 55-рэ), Къанкъул Идар (кг 60), Ерчэн Тимур (кг 66-рэ), Калолшин Дмитрий (кг 73-рэ).
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.

Поделиться:

Читать также: