НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 25, махуэку

♦Техьэгъуэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦ДНК-м и дунейпсо махуэщ

♦Адыгэ ныпым и махуэщ

♦1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ.

♦1913 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъостэн Исуф.

♦1944 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдз Iэбубэчыр.

♦1953 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ.

♦1954 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, къэрал лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.      Хуабэр махуэм   градус 20 - 26-рэ, жэщым градус 14 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ