Зыгъэгуси зыщыгъэтхъу

Маршруткэм дисщ. Маршруткэр зищIысыр фщIэрэ? ЦIыху зыбжанэ зэрыхуэ автобус жьей е таксиишхуэ, сытми, лъэсхэр щыпIащIэм деж зэрызекIуэ мотор гуимэ, «шофёркIэ» зэджэ цIыхухъу тэмакъкIыхь и гублащхьэ-дэсу. «КъэгъэувыIэ» жаIэху къэмыгубжьхэр телефонкIэ уэршэрхэр зэхамыхын папщIэ уэрэд дэзышейхэм хуэдизыбзэ мэхъу. Ашэмэз и сыринэм уIэщIэкIыну Iэмал щыIэххэкъым: гъуэгупщIэ зэпта шыгухум узэригъэтыншым къыдэкIуэу уи щэнхабзэ къэухьым зригъэужьыныр псапэу къелъытэ.

«Гупсыси умыпсалъэ, зыплъыхьи умытIыс», - аращ гъуэгурыкIуэхэм я хабзэ дыгъэлыр, зи гупкIэ уис ашэмэзхэм я уазым уедэIуэну къыптехьэлъэмэ. «Дунейм теттэкъым сызыхуей, - жриIэжырт къыбгъэдэсым шофёр щIалэжь гуэрым, - а цIыхубзыр («ДебгъэукIырт, щIалэ!» къыжезыIар) дакъикъэ пщыкIутхукIэ цIыхухъуу сиIэну фIэкIа…».

Пщэдей ТекIуэныгъэм и махуэщ. Къалэм щекIуэкIыну лъэс зекIуэм зыхуэзыгъэхьэзыр цIыхубэм хуиту зэблимыгъэкI машинэхэм нэгъуэщI уэрамхэмкIэ дадзыхын хуей мэхъу. Абы къыхэкIыу, къалэ кIуэцIым Iуэху щызиIэхэм, дыздэмыкIуэм дыкъыщымыхутэн папщIэ, къалэкум пхыкI хамэ къуажэ маршруткэхэм, мис мы дызэрыс Къалэжьей хуэдэм кIуэхэм, зыдоугуашэ. Къалэжьей дыкIуэ хуэдэу икIэм нэс гъуэгупщIэ идотри, лейуэ тхэщIам къыщIэкI тыншыгъуэхэр къыхыдобжыкIыж.

Ахэр зэкIэ нэрылъагъукъым. Маршруткэм из дыхъупакъым, ауэ исын дыужэгъуакIэщ, мыпIащIэ къытхэткъым. Нэхъ IупщIу дэ псоми зыхэтщIэр къызыпкърыщыр япэ дыдэ къитIысхьауэ ипэ тIысыпIэм деж щыс бзылъхугъитIращ. ПсынщIэу из дызэрыхъунум щагъэгугъыу, а тIур маршруткэм къиплъэхэм яхуэбзэIэфщI, псом хуэмыдэу Зи ЖыIэ ПхыкI нэхъыжьыр. Зэакъылэгъуу ежьэныгу къомыр абы дыхуэарэзыщ:

- ЦIыхуипщI дрикъумэ, текIыну жиIащ шофёрым. Зы, тIу, щы… Зы къитIысхьэжмэ, деджэнщ.

- Сэ тIум я уасэ естынукъым, - жеIэ икIэмкIэ сабиитI и гъусэу ис щIалэ Iэсэлъасэм.

- НтIэ, иджыри цIыхуитI дыхуейщ.

Ауэрэ зы хъыджэбз къотIысхьэ. Иджыри нэрыбгитI.

- ФыкIуэ шофёрым феджэ, - жеIэ Зи ЖыIэ ПхыкIым.

 ЩIалэ Iэсэлъасэм нэхъ зытехуэ истэкъыми - и сабийхэр цIыкIуIуэщ, адрейхэр бзылъхугъэщ - къотэджри шофёрым еджэну йокI. «Иджыпсту сынокIуэ» жэуапыр къыздехьыжри къотIысхьэж.

 «Иджыпстур» къэмысурэ, маршруткэм Iуэхур Зэхэзэрыхьу ЗыфIэмыфI Бзылъхугъэ гуэр къотIысхьэ.

- Дэнэ иджыри къэс уздэщыIар? – жреIэ абы Зи ЖыIэ ПхыкIым. ИцIыхукъым, ауэ ягъэ кIынукъым. «ДебгъэхъулIащ ди бжыгъэр ирибгъэкъури», - къригъэкIыу аращ жриIэм. Адрейми ар къыгуроIуэ. КъуэгъэнапIэм къуэс бзылъхъугъэ щэхум гъуэгупщIэхэр къыхех, зыгъэзэжыр яретыж. Шыгуху къэгувэр зэрыкъуаншэр наIуэщи, хуэм-хуэмурэ узэгуэмыпыныр емыкIу мэхъу.

- КъызэритIысхьэжу псори дытевгъалъэ, - къыхедзэ Зи ЖыIэ ПхыкIым. ЦIыхубз зэкIэлъыкIуэщ, бзаджэкъым, ауэ захуагъэм хьэтыр иIэн хуейкъэ?! Ущимызакъуэм деж фIым нэхъ утогушхуэ: маршруткэм ис псоми зэдэдгъэхъей акъылыр абы и бзэм нэхъ пыщIащ.

Аргуэру джакIуэ кIуэн хуейуэ ягъэув.

- Сэ сыкъеджэнщ абы, - жеIэри, Iуэхур Зэхэзэрыхьу ЗыфIэмыфI Бзылъхугъэр йокI. Ар цIыхубз зыIэщIэлъщ, ныбжь хъарзыни иIэщ, ауэ лъэ псынщIэщ: мынэхъыщIэми, шыгуху жьажьэр езым нэхъ зыфIигъэлIыкIыфыну къыфIощI икIи щыуэкъым. «Нэсауэ пIэрэ?» жыдмыIэ щIыкIэ, шофёрым и гъусэу къегъэзэжри мотор зэщIэнам и макъым дигухэр допсэхуж.

- ЛIо уэ, щIалэ, куэзыр уджэгуу утIысыжауэ, цIыхухэр къожьэу… - Зи ЖыIэ ПхыкI Бзылъхугъэр апхуэдизкIэ макъ къаугъэншэщ зэрыпсалъэри, аргуэру дигукIэ абы дыдожьу, жимыIапхъэ гуэр къыжьэдэкIыу дигу къэмыкIыу.

- ЦIыхум ищIэр фымыщIэу… - «цIыхур» езыр зэрыарар, абы апхуэдэу узэрызримыгъэпсэлъэнур къыдгуригъэIуэну хуожьэ шыгуху щIалэр.

- ЖытIэр къыдиудэкIыжыркъыми, ари куэд и уасэщ, - зэхимыха нэпцI зещI Зи ЖыIэ ПхыкIым: мы зы гъуэгу бэлэрыгъами, шофёрыр зэрыщIалэфIыр уолъагъу.

- Хъунщ, ей, шофёрыр бампIэ хъунукъым, - жеIэ ар къэзышэжа, Iуэхур Зэхэзэрыхьу ЗыфIэмыфI Бзылъхугъэм.

- Уэ дакъикъэ плIыщIкIэ уисакъыми пщIэкъым ар, - педзыж абы Зи ЖыIэ ПхыкIым къыбгъэдэс цIыхубз щабэм. «Дытевгъалъэ» жызыIа и гъусэр игъэпэж къудейщ, армыхъумэ ари къыщитхъыныфэкъым.

- ЛIо, уэ маршруткэ япэу уитIысхьэу ара? – и щхьэ хужиIэж хуэдэу къыдрешей шофёрым щIэрыщIэу. Зыри жиIэнутэкъым, ауэ езым къыбгъэдэс щIалэхэм я пащхьэ къэрабгъафэ къыщытеуэ хъунукъыми, къэгубжьрэ пэт зегъэгусэ.

- Хъунщ, ей, зэфIэкIащ, дежьащ, узыншэу Тхьэм дынигъэс. Рулым убампIэу удэс хъунукъым! - жеIэ аргуэру шофёрыр къэзышэжа цIыхубзым, зэдэуэным IэфIу щIэлъыр лъэныкъуитIми яIэпигъэхуу.

 Ахъшэ къыхэзыха бзылъхугъэм бжыни къыхэбжыкIыжыни хуэмейуэ, псоми я гъуэгупщIэр шыгухум Iэрегъэхьэ.

ДокIуэ. ПсынщIэу, тыншу зыщIыпIэ дежи дыщымыгувэу, уэрэди, Тхьэм и шыкуркIэ, демыдаIуэу. Къалэм дынос. «Мо уэрам дэкIым деж къыщысхуэгъэувыIэ», - жеIэ Зи ЖыIэ ПхыкI Бзылъхугъэм, маршруткэр Къалэм здрикIуэм. «Къалэм нэс фIэкIаи укъэмыкIуэу…» - къохъеиж абы екIужыныгу шофёрым и гукъанэр, гушыIэ мащIэ къыщIыхьэу, ауэ и нэщхъыр зэрызэхэлъщ.

- Хъунщ иджы, укъызэрытпэмыпсэлъэжар хыумыгъэкIуэдэж, Къалэжьей нэс и уасэр уэттащ, - къыпедзыж Зи ЖыIэ ПхыкI Бзылъхугъэми, шофёрым къигъумэтIым тIэкIуми хуемыдаIуэу фIокIыж…

«ЦIыхухэм зэхахыу сымыщIалэфIу жыпIэри си жагъуэ пщIащ!» - кIэлъидз хуэдэт абы щIалэм. Ауэ иджы абы ЗыкIи Къыщымыгугъыж Бзылъхугъэм деж ар зэрыщыпхымыкIынур IупщIт: гукъанэкIэ зыIэрыбгъэхьа щытхъум Къалэжьеи унихьэсынутэкъым. ЦIыхугум фIыкIэ укъызэринэн нэгъуэщI Iэмали дэнэ къипхыжын?!

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: