Сом мелуанитхум щIигъуУрысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэр. Абы шэч хуащI хабзэншагъэкIэ жыгхэр ириупщIыкIауэ. Полицейхэр а щIыпIэм щыIухьам цIыхухъум, абыкIэ хуит зыщI дэфтэр имыIэу, кубометр 25-рэ хъу бжей жыгиплI ириупщIыкIыну хунэсат. ИрагъэкIуэкIа экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ къэралым сом мелуани 5-м щIигъу хэщIыныгъэ игъуэтащ.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
|