Гъатхасэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI

Бахъсэн шIыналъэм мы илъэсым гъавэхэкIым гектар мин 32-м нэблагъэ щыхухахащ. Илъэс къэси хуэдэу, гулъытэ нэхъыбэ игъуэтащ шхыныпхъэуи, Iусыпхъэуи, жылапхъэуи зыщыгугъ нартыхум - гектар мин I8,5-м ноблагъэ. Ар илъэс блэкIам хасам нэхърэ гектар мини 2,5-м щIигъукIэ нэхъыбэщ. 

Районым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм зи нэIэ тет Ныр Iэуес дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы гъэр мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ къызэрыгуэкIыу щытынукъым, сыту жыпIэмэ, жылапхъэхэм, щIыгъэпшэрхэм, дагъэгъэсыныпхъэм, уз зэмылIэужьыгъуэхэм зэрапэщIэт щхъухьхэм я уасэр зыщIыпIэ къыщызэтеувыIауэ щыткъым.
Псоми я нэхъыщхьэ гуэдзыр къэтщтэнщи, гъэ кIуам бжьыхьэсэу гектар мини 3-м нэблагъэ, хьэпцIийуи гектар 279-рэ, рапсу гектар 460-рэ хасащ. Хьэсэхэр хъарзынэу гъэ щIэкIащ, гъатхэр къызэрихьэу абыхэм щIыгъэпшэрхэмкIэ зэрелэжьам и фIыгъэкIэ фIыуэ зыкъаIэтынуи хунэсащ. Мы гъэм мэкъумэшыщIэхэм хасэн хуейуэ къапэщылъщ сэхурану гектар мини 5, гъатхасэ хьэпцIийуэ гектар 800, джэшхэкIыу гектар 350-рэ, гъатхасэ рапсу гектари 100. Гектар мини 5,5-м хасэнущ кIэртIоф, жэгундэ, джэш щхъуантIэ, къэбыстэ, пхъы, нартыху IэфI, н.къ. УэфIу екIуэкI мы махуэхэм механизаторхэр къэувыIэ ямыIэу щIыр ягъэхьэзыр. Мы зэманым ирихьэлIэу хьэпцIий гектар 600, нартыху IэфIу гектар I2 хасэну хунэсащ.
ЩIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэм и агроном нэхъыщхьэ Ерыжокъуэ Ашэмэз зэрыжиIамкIэ, щIым къаритыну бэвагъыр зэлъытахэм ящыщщ сэгъуэр пIалъэм фIимышу зэфIэгъэкIынымрэ жылапхъэфIхэмрэ. Гъэр гувэмэ, а къытепхынум хэщIыныгъэшхуэхэр егъуэт. Абы къыхэкIыу щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ уэфIу екIуэкI зы махуэри къызэрагъэсэбэпынымрэ къапэщылъ къалэнхэр и чэзум зэрызэфIагъэкIынымрэ.
 

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: