«Шато Эркен» щызэхуос

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр. Ар къызэрагъэпэщащ «Теунов Групп» мэкъумэш, ухуэныгъэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ IуэхущIапIэм, КИФЩI-м и хьэщIэщхэм, ресторанхэм, хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр зезыгъакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Деловая Россия» Урысей зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ республикэм и Парламентым и депутатхэр, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, еджапIэхэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, «Россельхознадзор»-м, КъБР-м щыIэ «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрым, нэгъуэщIхэми я лIыкIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. 
ЗэIущIэм кърихьэлIащ жыг хадэ гъэкIыным, мэкъумэш къэкIыгъэхэм, хуабэщхэм, Iэщ гъэхъуным, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм, щIыгъэпшэрхэм, Iусыпхъэхэм, къэкIыгъэхэм ирахьэлIэ хущхъуэхэм ехьэлIауэ лажьэ еджагъэшхуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ мэкъумэш IэнатIэм къыпэщыт зи чэзу къалэнхэм икIи зэдэгуэшащ я ехъулIэныгъэхэмкIэ, мэкъумэш IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэщхьэпэу щIэуэ абы къыхыхьа IэмалыщIэхэмкIэ.
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я IуэхущIапIэ зэхуэмыдэу 30-м щIигъу хэтащ иджырей зэхуэсым. УзыщыгуфIыкIын куэд зэхуэсым щагъэлъэгъуащ абыхэм: мэкъумэшым къыщагъэсэбэп иджырей технологиехэм фIы куэд къызэрыдэкIуэр, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэ лIэужьыгъуэхэм зэрыхагъахъуэр, зызыхъуэж зэманым екIуу зэрыдэбакъуэр наIуэ щащIащ. 
«PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсыр егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ КъБР-м и «Агро Союз» мэкъумэш IуэхущIапIэр, щIыгъэпшэрхэр къыщIэзыгъэкIыу Новосибирск къалэм щыIэ «Умка» фирмэр, къэкIыгъэхэм зэрелэжь хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI «Август» компаниер, нэгъуэщIхэри. 
Зэхуэсым еплъыну кърихьэлIахэм папщIэ Iэнэ цIыкIухэр ягъэуващ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр Iуагъэхуащ, апхуэдэуи IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэм щыгъуазэ ящIащ, адыгэш лъэпкъыфIхэри ирагъэлъэгъуащ. 
БАТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться:

Читать также: