Унэхэр зыхуей хуагъазэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым унэхэр къызыхуэтыншэу щызэгъэпэщыжынымкIэ и щIыналъэ операторым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, псэупIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа программэм хиубыдэу мы илъэсым ди республикэм зыхуей щыхуагъэзэнущ фэтэр куэду зэхэт унэ 70-м нэс.
Шэджэм щIыналъэм и жылищым (Щхьэлыкъуэ, Яныкъуей, Шэджэм) жьы хъуа унащхьэхэр щахъуэж - унащхьэ занщIэхэм я пIэкIэ иджырей мардэхэм тету унащхьэхэр яIэт. Ахэр быдэщ, екIущ, уэшхри уэсри щызэтрихьэнукъым.
 Программэм япэщIыкIэ хиубыда унэ бжыгъэхэм иджыри 6 щIагъужащ. Иужьрейхэм сэкъатышхуэ зиIэ пкъыгъуэ щхьэхуэхэр щахъуэжынущ. Лэжьыгъэхэр, гъэм и зэманхэм ятещIыхьауэ, Iыхьэ-IыхьэкIэ зэпыудауэ кърахьэлIэ: гъатхэпэм и кIэхэм хуэзэу унащхьэхэм елэжьын щIадзащ, мэлыжьыхьым, унэхэр къагъэплъын яуха нэужь, пэшхэм я коммуникацэ хуэIухуэщIэхэм пэрыхьащ. Программэм хиубыдэу унэхэм я IуплъапIэхэри бжэIупэхэри зэIузэпэщ ящIынущ. Къапэщылъ лэжьыгъэхэр шыщхьэуIум ирихьэлIэу яухынущ.
«Эльбрус къуажэм зегъэужьын» щIыналъэ пэхуэщIэм хиубыдэу цIыху 300-м ятещIыхьа ЩэнхабзэмкIэ унэрэ спорткомплексрэ яухуэ, медицинэ IуэхущIапIэр, еджапIэхэр, спортымкIэ унэр зэрагъэпэщыж. Псори зэхэту сом мелуани II0-рэ и уасэ лэжьыгъэ зэфIагъэкIынущ.
«Къалэмрэ псэупIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Бахъсэн къалэм зыхуей щыхуагъэзащ фэтэр куэду зэхэт унийм я бжэIупэхэр. Илъэс блэкIам зэращIам тету, мы гъэми щIыналъэм щыпсэухэм езыхэм къыхрагъэхащ зыхуей хуэгъэзапхъэу къалъытэ щIыпIэр икIи цIыху нэхъыбэм я псалъэм тету мы гъэм къагъэщIэрэщIэжынущ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэм и лъэс зекIуапIэр - Угнич и цIэр зезыхьэ уэрамдыхьэм къыщыщIэдзауэ Гагариным ейм нэсыху.
ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: