«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэтКъэбэрдей-Балъкъэрым мэлыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр. Ар теухуауэ щытынущ Ленинград къа-лэр щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум, СССР-м и гъунапкъэхэм совет зауэлIхэр зэрикIам, зэуапIэм щыIа тхакIуэхэм ящыщу зи юбилейхэм, нэгъуэщIхэми. Iуэхур мы гъэм еханэу къызэрагъэпэщ. ЗауэлI щIыхьым и къалэу къалъыта Налшык къалэр къапщтэмэ, Бэрбэч Хь. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ КъБКъАУ-м, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым, Урысей МВД-м Краснодар щиIэ университетым и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ КъБР-м и Лъэпкъ къэрал библиотекэм, Налшык къалэм и гимназие №1, №29-хэм, курыт еджапIэхэу №7, 9, 14, 25, 26, 33-хэм. «ТекIуэныгъэм и диктантыр» Евро-пэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм - Iуащхьэмахуэ - щатхынущ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 15:58 →
Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэр
15.05.2024 - 15:00 →
Лэжьыгъэхэр зэпыуркъым
15.05.2024 - 13:39 →
БыдапIэ лъэщ
15.05.2024 - 13:00 →
Ветераным ехъуэхъуащ
14.05.2024 - 13:36 →
КъэхъундэсхэрХэкум и къыщхьэщыжакIуэщ
|