Hapт Ермыдэ иныжьхэр зэриукIар

(Нарт таурыхъ)

Нартхэм ящыщу зы щIалэ гуэр щыIэт ЕрмыдэкIэ еджэу. Ермыдэ хуабжьу фIэфIт щэкIуэн. Зы махуэ гуэрым щакIуэу мэзым щIэту зы мэз бжэн гуэр къыхэжащ. Бжэным еуэри хутегъэхуакъым, етIуанэуи еуэри техуакъым. Щымыхъум, зэгуэпауэ Ермыдэм мэз бжэныр ирихужьащ. Ар Iэджэри зэрихуаи! Сытми, бжэныр къыхуэмыубыду икIи къыхуэмыукIыу зэрихуэурэ, зэрихуэурэ зы жылэ гуэрым дэлъэдащ. Ермыдэр а жылэм дэлъадэри бжэныр игъуэтыжакъым, фIэкIуэдащ.

Зыдыхьа жылэм зыкъомым я хьэдагъэщ, зыкъомым я гуфIэгъуэщ. Ар апхуэдэу щIыщытыр зригъэщIэну, зэупщIын имыгъуэта щIыкIэ, бжэныр зыщIыпIэкIэ кIуэцIрыжу илъэгъуащ. Ирихужьэжри, зы унэ гуэрым бжэныр щIэлъэдащ. Ермыдэ псынщIэу шым зригъэлъэтэхри, унэм кIэлъыщIэлъэдащ. ЗыщIэлъэда унэм бжэныр щилъагъуркъым, абы и пIэкIэ илъагъур зы лIышхуэ гуэр уIэгъэу щэIуу пIэм хэлъу аращ. Сымаджэм сэлам иритри Iихащ. «ТIыс!» - къыщыжриIэм, Ермыдэ тIысын имыдэу жиIащ:

 - Сэ хьэщIакIуи щIэупщIакIуи сыкъэкIуакъым. СыкъыщIэкIуар си бжэн мы унэм къыщIэлъэдауэ аращ. Дэнэ здэкIуар си бжэн мыбы къыщIэлъэдар? Къэгъуэт иджыпсту, узмыукI щIыкIэ!

 - Бжэнри бгъуэтыжынщ, моуэ етIысэх зэ, - къыжриIащ сымаджэм.

Абы хэту зы хъыджэбз дахэ дыдэ къыщIыхьащ унэм. Абы сэлам кърихщ Ермыдэми къыжриIащ:

 - Унэм къыщIэпхуа бжэныр сэращ. Сэ сынакIуэри укъэсшащ, Ермыдэ, гузэвэгъуэ сиIэти, укъыздэIэпыкъуну сыпщыгугъыу. Уэ у-Ермыдэщ, уи хъыбар зэрызэхэсхымкIэ, улейщIэмыгъакIуэщи, дэ лейуэ къытлъысар бжесIэмэ, си гугъэщ укъыздэIэпыкъуну. Аращи, мы хэлъыр уIэгъэщ, си анэ къилъхуауэ си дэлъхущ. Мыр ебланэу дэлъхуибл сиIэти, иныжьхэм Iуэху сыкъащIри, хыр срамыгъэхьурэ къаукIащ. Къэнэжар мы зы закъуэр арти, мыри къауIауэ мис хэлъщ, уолъагъупэ. Абы адэкIэ, мы жылэм я цIыху дэкI мыхъуу, дэкIамэ яукIыу, е яхьу щытщ. Жылэм дэкIар къыдыхьэжмэ, зейр мэгуфIэ, къыдэмыхьэжмэ, зейр магъ. Аращ зыкъомыр гуфIэу, зыкъомыр пыхьэу щIыщытри. Иджы мы бэлыхь къомыр жылэм тщхьэщызыхыфын, дилъ зыщIэжыфын щыIэкъым, уэ зым мыхъумэ. Уэ къытхуумыщIэIамэ, жылэ кIуэдыр къытхуокIуэ. ЦIыху хуэдэ цIыхуи жылэм къыдэнакъым. ЯIэщIэкIуэдащ а иныжь гъуамэхэм.

 - Иныжьхэр дапщэ хъурэ? Дэнэ щыпсэухэр? - Ермыдэр еупщIащ хъыджэбзым.

 - Иныжьхэр зэрыхъур щыщ. Щыпсэур мо мэзым адэкIэ щыт бгыхурщ. Абы ущIэкIуэни щыIэкъым. Езыхэр сэ къызощэри, мыдэ мэз лъапэм жэщми махуэми щыIэ зэпытщ.

Ермыдэ Iуэхур зэрыщытыр къанэ щымыIэу къыщищIэм, и шыр зэщIикъузэри дэшэсыкIащ. Ауэрэ губгъуэм ихьауэ мэз лъапэр щIищыкIыурэ къыздикIухьым, зы иныжьым щрихьэлIащ мэз лъапэм, дэп мафIэшхуэм къешэкIауэ жейуэ щылъу. МафIэ нэхумкIэ епщылIэри, щылът мыхъейуэ, жей Ӏувым хилъэсауэ. Ермыдэ куэдрэ гупсысакъым, дахэ цIыкIум хуэдэу, и сэшхуэр кърихри зишэщIщ аби, еуэри иныжьым и щхьэр пиупщIащ. Щхьэр пымытыжу къыщылъэтауэ къыздижыхьым, мо дэп Iуащхьэшхуэ щылъым хэджалэри, и щхьэр къанэри, и пкъыр абы хисхьащ.

 - Ар зы, - жиIэри Ермыдэ и шым шэсыжри, еуэри ежьэжащ. ЗдэкIуэм плъэри, мафIэ нэху гуэр къилъэгъуащ. А мафIэм хуэкIуэу кIуэри, ар, япэрейм хуэдэ къабзэу, иныжь етIуанэр арти, щылът мыхъейуэ, жей Ӏувым хилъэсауэ. Ари япэрейр зэриукIам хуэдэ къабзэу иукIащ.

 - Ар тIу, - жиIэри, и шым шэсыжри, Ермыдэр ежьэжащ. НэгъуэщI зыхуэзэ щымыIэу нэху щащ. ИтIанэ мурад ищIащ иныжьхэм я псэупIэу хъыджэбзым къыжриIам кIуэну. Ежьэри, кIуэурэ, кIуэурэ а бгыху жыхуиIам нэсри псэупIэ гуэрхэр къилъэгъуащ. Абы хуэкIуэ лъагъуэм тету кIуэурэ нэсмэ - лъагэу къэщIыхьауэ, дыхьэпIи дэкIыпIи имыIэу пщIантIэм унэ лъагэ бэлыхь дэту хуэзащ. Дэмыхьэфу куэдрэ елIэлIа нэужь, сытми, ерагъкIэ щхьэпрыпщри пщIантIэм дыхьэщ аби, унэм щIыхьащ.

ЗыщIыхьа унэм уазэреплъыныр умыщIэу цIыхубзитI щIэсти, къыщылъэтри зыкърадзащ. Ар зищIысыр имыщIэу Ермыдэр тIэкIурэ Iэнкунащ, ищIэныр имыщIэу. ИтIанэ цIыхубзитIыр икIуэтыжри къеупщIащ:

 - Уэ у-Ермыдэу пIэрэ? - жаIэри.

 - Сэ сы-Ермыдэщ, ауэ фэ фысыт лъэпкъ, щхьэ си цIэри фщIэрэ?

 - Дэ дыцIыху цIыкIущ, иныжьхэм мыбы дыкъахьащ. Иныжьхэр зэшищ мэхъу. Дэ - тIум дразырызщ, зым цIыхубз иIэкъым. А цIыхубз зимыIэм къыхуагъуэтыху къемыкIуэлIэнхэу унафэ зэхуащIыжати, ар имыдэу зы къахэкIри, ар адрей тIум яукIыжащ. Иджы къэна тIури тхьэмахуибл мэхъури здэщыIэр тщIэркъым. Абыхэм зыгуэр къащыщIауэ къыщIэкIмэ, дыдэмыкIыфу мы пщIантIэм дыдэлIыхьынущи, догузавэ. Уи цIэр абыхэм жаIэурэ зэхэтхащ, Ермыдэ фIэкIа мыбы къэкIуэфын, дэ къытпэлъэщын щыIэкъым, жаIэуи, укъызэрыкIуэфам щхьэкIэ, уэ умы-Ермыдэми, у-Ермыдэ тфIэщIауэ аращ.

 - АтIэ, Ермыдэр сэращ. ИныжьитI сэ сукIащ, ещанэм сылъыхъуэурэ мыбы сыкъэсащ. Мы щIыпIэм сэ фисшыжынщ. Къафщтэ мыбыхэм хъарзынэу яIэхэм щыщу фызыхуейр.

А иныжьхэм Iэджэ хъарзыни яIэу къыщIэкIынти, къахуэщтэр къащтащ. Къежьэжри къыщысыж я пIалъэу къэкIуэжахэщ. ХъыджэбзитIри зейм я деж кIуэжащ.

Ермыдэ япэу зыхуэза хъыджэбзыр щхьэгъусэу къишащ. КъэкIуэжри зыщалъхуа жылэми тхъэжу псэууэ тIысыжащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар

ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться: