Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

Апхуэдэу Iуэхугъуэ дахэм ипкъ иткIэ зэуэ жыг мелуан 27-рэ гъэтIысыныр пэхуэщIэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Жэрдэм щIагъуэр даIыгъащ цIыху меуланищрэ ныкъуэм нэблагъэм. Абыхэм яхэтащ зи ныбжь хэкIуэтахэри, зи къару илъыгъуэхэри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэс щIалэгъуалэри, школакIуэ ныбжьыщIэхэри. Гукъыдэж зыщIу Iуэхугъуэхэм къыхыхьахэм я нэхъыбэм трагъащIэрт жыгыщIэ гъэтIысыныр мамырыгъэм и дамыгъэу, фIым щызыгъэгугъ, дахагъэм упэзыгъаплъэ гукъэкIыу зэрыщытым.

«Дунейм цIыхущIэ къыщытехьэкIэ, ущогуфIыкI, а гуфIэгъуэм уи хъуреягъкIэ къыщыт цIыхухэри къепшэлIэну ухэтщ. ЛъхугъэщIэм Iэджэ гугъапIи ирапх, къызыхуэхъуахэм яхузэфIэмыкIа е зыщIэхъуэпсу зыхунэмысахэр нагъэсыну щогугъ. Апхуэдэ дыдэщ дызытет дунейри зэрыгугъэр. Ар щIэмычэу къыдотэ, и хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ къыддогуашэ. Дауэ-тIэ апхуэдиз хъерыр къыпхуэзыщIэм а мащIэмкIэ узэрыкIэлъымыIэбэжынур? Си щхьэкIэ сфIэфIу Iуэхум сыхыхьэнущ, а хэссэну жыгым хьэтыр зэриIэм нэхъри си лъэр щIигъэкIыу сыкъришэжьащ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэда си адэ къуэшитIри си анэ дэлъхури щIэблэншэу къэнащ. Си ужькIэ хэт абыхэм я цIэр къизыIуэжынур, жысIэу сыщыдзыхэ куэдрэ къохъу. Ауэ мы жыгыщIэм къыпэкIуэну фIыгъуэм цIыху игъэгуфIэнущ, дунейм къытехьа сабийм хуэдэу, апщIондэхуи а гуфIэгъуэм ди япэ ища тхьэмыщкIэхэм я псэри дахэкIэ игъэпIейтеинущ. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэм къару къысхелъхьэ, гукъыдэжыншэ сызыщI гупсысэхэр сщхьэщехури, сфIэфIу мы Iуэхум дахэм сыкъыхохьэ», - жиIащ жэрдэм гъэщIэгъуэным къекIуэлIахэм ящыщщ, Налшык къалэ щыпсэу Щоджэн ФатIимэт.

    КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, пэхуэщIэм зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ хъумэнри. «ЦIыхур егъэсэн хуейщ зытет дунейм пщIэ хуищIыным, абы хуэсакъыным, къыхихам хуэдиз хилъхьэжыным. Я нэхъ мащIэу дэ тхузэфIэкIынур жыгыщIэхэр гъэтIысыныр аращи, апхуэдэ гукъыдэж ди цIыхухэм ящIрэ къытхыхьэтэмэ, ди гуращэхэр къыдэхъулIэнт. Ди щIыналъэр щхъуантIагъэкIэ бейщ. Ауэ, гу лъатэу къыщIэкIынщ абы куэдым, иужьрей илъэсхэм ираупщIыкI жыгхэм я бжыгъэм хэхъуащ, а щIыпIэхэм ухуэныгъэхэр тращIыхьын, нэгузыужьыпIэхэр щащIын папщIэ. ЦIыхур Iуву зэхэтIысхьэ, зыдэс къалэхэм зыщаубгъу, лэжьапIэ IэнатIэхэр зы щIыпIэм щызэгъэуIуа щыхъу лъэхъэнэщ дыщыпсэури, абы упэувыну гугъущ, ауэ дэ тхузэфIэкIынущ ди губгъуэ пхыдзахэм, жьэгъу лъапэхэм, псыхъуэ ныджэхэм, бгы куэщI лъахъшэхэм, мэз Iэбгъуэхэм жыгыщIэхэр щыдгъэтIысу лъабжьэ едгъэдзын. ЩIыуэпсым езым зыкъигъэщIэрэщIэжын лъокIри, лъабжьэ ищIу къэгъагъэхэр къыдидза нэужь, езыр-езыру къэкIыгъэхэм запхъыжынущ, арыххэуи, бэгъуэнущ. Жьэдэтшэ хьэуам и къабзагъыр хъумэнымкIэ къару нэхъыбэ зиIэр жыгыр арауэ зэрыщытыр цIыхум и гупсысэм хэлъын хуейщ, абы щыгъупщэ хъунукъым къэкIыгъэр дызытет щIы хъурейм и къэрэгъулу зэрыщытыр, цIыхум и щыIэныгъэм ифI къызэрекIыр. Ди къалэнхэм хохьэ цIыхухэмрэ щIыуэпсымрэ я зэхуакум дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIыныр, къуэпс нэрымылъагъукIэ зэпха дунейм и гупэр хуэгъэзэныр», - жаIэ жэрдэмщIакIуэхэм.

Iуэхугъуэ дахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэми щIыналъэхэми щекIуэкIынущ. Жыг хэсэным епха Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс хэту Налшык къалэм къедза Брамтэ мэзым деж щекIуэкIынущ. Гектар 1,6-рэ хуэдиз хъу губгъуэшхуэм щагъэтIысынущ жыгей плъыжь лъэпкъыгъуэм щыщу минищ хуэдиз.

«Кавказ Ищхъэрэм жыг зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ къыщыхъуми, жыгей плъыжьым щIыпIэ куэд дыдэм ущрихьэлIэркъым. Абы йозэгъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр, нэхъыбэу ущрихьэлIэнури ди щIыналъэращ. Жыгей плъыжьыр къыдекIуэкI жыг лъэпкъыгъуэхэм яхозагъэ, езыми лей къылъысыркъым. Илъэс зыбжанэ фIэкIа хуейкъым мы жыг лIэужьыгъуэм пкъы ищIу щхьэкIэ игъуэтын щхьэкIэ. ЖыIэн хуейщ, илъэсым къриубыдэу жыгым сантиметритI-щы хигъахъуэу зэрыкIыр. Жыгыр гуащIафIэщ, удыныщIэгъуафIэкъым. ПсыIагъэ фIэфIщи, гъэмахуэ шылэм ар щыкI щIыпIэм щIыIэтыIэу щытынущ. Абы цIыхум и ягъэ иригъэкIыу хьэуам хэлъ пкъыгъуэхэр зыщIешэ, езыр тхьэмпэбэщи, жьауэшхуэ едз. Нэхъыщхьэращи, узыфэхэм ящышынэркъым, хьэпIацIэ зэмылIэужьыгъуэхэри зыхищIэркъым», - къыхагъэщ жыгым и пIалъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм.

Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIэнущ ди щIыналъэм зыщагъэпсэхуну къэкIуахэри. Ди зэхэтыкIэ-псэукIэр дэр нэхърэ нэхъыфIу лъэныкъуэкIэ къаплъэм зэрилъагъум шэч хэлъкъым. «Фэеплъ жыг хадэхэр» пэхуэщIэм цIыхухэм къарит гукъыдэжыр абыхэм ягъэщIагъуэ. «Дэ десащ «Кавказ» жаIэмэ, мыбдеж щыпсэухэм зэщхьэщыкIыныгъэ зыри ямыIэу, гупсысэкIи, дуней тетыкIэкIи, Iуэху щIэкIэкIи зэщхьу къэлъытэным. Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIэщыгъэмкIэ къыдгурыIуэрт мыбдеж лъэпкъ зыбжанэ зэрисыр, ауэ ахэр зэрызэхэтцIыхукIыну щIэныгъи зэхэщIыкIи диIауэ жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэ дыдэуи къыхэгъэщын хуейщ Кавказым укъакIуэу мыбы щекIуэкI гъащIэм мащIэ дыдэ нэхъ мыхъуми зыщумыгъэгъуазэмэ, ар зэрыпхузэфIэмыкIынур. Ауэ лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэ куэд тлъэгъуащ, зэрыпсалъэ бзэхэм дыщIэдэIуащ. Кавказ лъэпкъхэм цIыхум ирах цIыхугъэмрэ хьэщIагъэмрэ, я лъэпкъыщхьэм хуащI Iулыджым, я бзэм хуаIэ фIылъагъуныгъэм гу лъумытэу къанэркъым. Дэ ди фIэщ хъуащ адэжьхэм я щIэиныр щIэблэм зэрахъумэм, ар езыхэм къащIэхъужхэми къыхуагъэнэну зэрыхущIэкъум мы щIыналъэр нэхъ лъэщ зэрищIыр, и цIыхухэри куэдкIэ гуащIафIэ, пкъыфIэ, дахэ зэрыщIэхъукIыр. ЖыгыщIэ хэсэныр Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIыу, абы апхуэдэ куэд къемыкIуэлIэну къытщыхъуами, дыщыуа хуэдэщ. ЗэрызэхэтхымкIэ, абы щэ бжыгъэкIэ цIыхухэр къыхыхьэнущ. Сыт апхуэдэ гукъыдэж абыхэм къезытыр, жытIэу дыщыщIэупщIами, пэхуэщIэм и фIэщыгъэм къыпкърыкI гуращэм къызэрызщэщIигъэушэр къыджаIащ. Зи блэкIа зылъытэм, зи нэхъыжь зыщымыгъупщэм къэкIуэн иIэнущ, ар хьэкъщ», - жаIащ «Налшык» курорт зыгъэпсэхупIэм щыIэ, Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа цIыхубзхэм.

«Фэеплъ жыг задэхэр» пэхуэщIэр республикэм и щIыпIи 110-м щекIуэкIынущ. Абыхэм ящыщу 61-р мэз лъахэхэм, 49-р къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я Iэхэлъахэм къриубыдэнущ

Зы жыгыр  зы тхыдэщ, зы гъащIэщ. Къуэ къызыхэхъуа адыгэ унагъуэм жыг игъэтIысу хабзэ щыIэщ, пщэдейрей махуэхэм гугъэ зэрыхуиIэр, я къуэпсри мыгъужу игъащIэм зэрыщыIэнум фIэщхъуныгъэ хуаIэу. Арыххэуи, жэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьэ гукъэкI дахэр къэкIуэну зэманхэм поджэж, дыкъэзыухъуреихь дунейми щIэщыгъуагърэ щхьэпагърэ хэзылъхьэ гупсысэщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: