Абазэ таурыхъхэр

IуэрыIуатэ къулей къадогъуэгурыкIуэ абазэхэм - нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, пасэрей уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьышхуэ яIэщ, лъэпкъ фащэкIэ гъэпсащ, купщIафIэщ. Абазэхэм я гъунэжщ, пса­лъэм папщIэ, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Щыгъуазэ фыдощI Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа ап­хуэдэ зыбжанэм.

 Абазэхэмрэ адыгэхэмрэ зэблагъэ дыдэщ - я бзэкIэ, я щэн­хаб­зэкIэ, я лъэпкъ хабзэхэмкIэ, аращ я IуэрыIуатэм зы купщIэрэ зы гъэ­п­сы­кIэ­рэ щIаIэр.

 Хы Iуфэм Iусащ абазэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ, 13-нэ лIэ­щIы­гъуэм щыщIэдзауэ бгым къыщхьэдэхыурэ адыгэхэм нэхъри гъунэгъу къахуэхъуащ.

 Абазэхэр нобэ щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ Псыжь, Къубинэ, Елбыргъэн, Инжыдж-КIы­кIун, нэгъуэщI жылагъуэхэми. Абазэхэр щымащIэкъым Къэбэр­дейми, Адыгейми, хамэ къэралхэми - Тыркум, Сирием, Иорданием.

Фыхунэзгъэсмэ

Зы джэдуужь жьэгум дэсурэ зы дзыгъуэ шыр къы­Iэрыхьащ, и лъэбжьанэр щыхиукIэм, дзы­гъуэ шырым зи­лIэжащ.

- ЗумылIэж, - жиIащ джэ­дуужьым. - Укъы­щIэзубыдар пщIэрэ?

- Сыпшхынурагъэ­н­щ,­ - мэгъынанэ дзыгъуэ шырыр.

- Усшхынукым. Усшхыпэнуми, усхуэшхынукъым: сыкъэплъагъуркъэ - дзэ сIу­тыж­къым, жьы сыхъуащ.

- НтIэ щхьэ сыкъэбубыда?

- ДжакIуэ усщIыну­щи, аращ укъыщIэ­зу­быдар. КIуэи, дзыгъуэ зэрыбыныр къысхуэшэ:­ сывэ­кIужын мурад сщIащ.

Дзыгъуэ шырым и ани, и къуэши, и шыпхъуи, и благъи - хьэблэм дигъуэтар хуишащ джэдуужьым:

- Дишхынукъым, лъапэ къыттрилъхьэнукъым, къыдэкIужын му­­рад ищIа­щи, къыдоджэ.

Зэрыгъэгушхуэри, дзы­­гъуэ зэрыбыныр джэдуужьым деж кIуащ. И нэр зэригъэ­дзэ­кIри, джэдуужьыр дзыгъуэхэм къахэплъащ

- Догуэ, - жиIащ джэдуужьым, - къэпыр щIэву­гъуэ­ныр сыт, къэп щхьэпсыр зэпыф­ш­хы­кIрэ къэпым ­илъыр къифхмэ, зэфIэ­кIыр­къэ?

- Абы ди акъыл хуэ­кIуа­къым, - жаIащ дзы­гъуэхэм. - ДяпэкIэ Iущ дыхъунщ.

- Фыхунэзгъэсмэ! - же­ри джэдуужьым дзы­гъуэхэр зэтриукIащ - хьэблэм зы дзыгъуэ къы­динакъым.

Щхьэж и унэ бжэнлъакъуэ

ЛIы гуэрым зыш иIэти, жэ­щым иутIыпщырт. Жэщ псом хъун кIырым лъа­къуащхьэкIэ хэт щхьэкIэ, шыр кIуэ пэтми нэхъ Iей хъурт, пщэдджыжьым зэ­хэ­у­кIауэ къыдыхьэжырт.

«Жэщым сутIыпщмэ, си шыр зыгуэрым кърехуэкI, сеплъэкIуэнщи, къезыхуэ­кIыр зэзгъэщIэнщ», - жери му­рад ищIащ лIым.

Шыр хъупIэм ириу­тIып­щ­хьэри, езыр кIэлъыдэкIащ.

Жэщыбг хъуауэ хъупIэм зы мыщэ, зы дыгъужь, зы ба­жэ къихьащ, чэзу-чэзууэ шэсурэ шыр кърахуэкIыу щIадзащ. Аркъэн идзри, мыщэри, дыгъужьри, бажэри къиубыдащ.

- Си шым и фэр изыхыр фэраи, - яхуилъащ лIыр, - кIэ фэстынкъэ иджы!

- Сыт къыдэпщIэнур?

- ФызукIынущ - ар фы­фIэ­мащIэ?

- ДумыукI, - жаIащ, - дып­хуэуп­сэнщ.

- Сыт фыкъызэрысхуэу­п­­сэнур?

- Жыгей гъуанэ сощIэ, фо изу. Усшэнщи, фор къоз­гъэхынщ, - жиIащ мыщэм.

- Сэ мэл хъушэ къып­хуэсхунщ, - жиIащ дыгъу­жьым.

- Сэ скъуэлъ щыIэкъым. Су­­мыукIмэ, сифI зэгуэр уэз­­гъэкIынкIэ мэхъу, - жи­Iащ бажэм.

Дыгъужьым мэл хъушэ къы­хуихуащ лIым.

Мыщэм лIыр мэзым хишащ, жыгей лъабжьэм щIишэри къриудащ:

- Устхьэлэмэ, фор сэ къыс­хуэнэжынкъэ, - жери.

- Сыботхьэлапэри, емынэунэ хъун! - къэгужьейри кIиящ лIыр. БлэкIырти, абы и кIий макъыр бажэм зэхихащ.

- Уа, тхьэм и нэфI зыщыхуэн, мыщэр къыпIэщIэмы­лъэгъуауэ пIэрэ нобэ? - лIым еджащ бажэр.

- КъысIэщIэлъэгъуа дэнэ къэ­на, си гущIыIу къитIысхьауэ сетхьэлэ! - жиIащ лIым. - КIэ къызитын мурад ищIащ.

- КIэ зратынур езыращ: абы и лъэужьыр щакIуэм къре­хуэкI. Плъагъумэ, хъыбарыншэ сумыщI: щакIуэм бзэгу хуэсхьыжынурэ Iуез­гъэ­пIэнущ, - жиIащ бажэм.

Мыщэм лIыр къыщихуащ:

- «Слъагъуну сыхуей­къым» жыIэ, - жери.

- Слъэгъуакъым, слъа­гъунуи сыхуейкъым, - жиIащ лIым.

- Уи пащхьэм итыр хэт-тIэ?

- Пхъэ дакъэжьщ.

- Пхъэ дакъэжьмэ, джыдэ къащти, къиуд.

- Къизудмэ, къизудщ, - жери лIым мыщэр IуипIащ.

ЛIымрэ бажэмрэ мыщэм и фэр трахщ, жыг гъуанэм илъ фор зыIэрагъэхьэри - щхьэж и унэ бжэнлъакъуэ!

Бажэ гуэшыкIэ

Мыщэр, дыгъужьыр, бажэр хъуэкIуэщакIуэурэ зы щыхь, зы мэз бжэн, зы тхьэкIумэкIыхь къа­Iэ­ры­хьащ. Я шхэгъуэ къыщысым, дыгъужьым жиIащ:

- КъэтщэкIуар сэ фхуэз­гуэшынщ, дзыхь къыс­хуэфщIмэ.

- Къытхуэгуэш, - жаIащ.

-Щыхьыр мыщэм лъы­зо­гъэс, мэз бжэныр си Iыхьэщ, бажэм тхьэ­кIумэкIыхьыр хурикъунущ.

Щыхьри, мэз бжэнри, тхьэкIумэкIыхьри яфIишхын мурад иIэти, дыгъужьым и гуэшыкIэр мыщэм игу ирихьакъым: еуэри дыгъужьыр иу­кIащ.

- Иджы уэ къытхуэ­гуэш, - жери мыщэр бажэм еплъащ, и нэ зэгъэдзэкIауэ.

- Щыхьыр уи пщэдджыжьышхэщ, мэз бжэныр шэджагъуашхэ пхуэхъунщ, тхьэкIумэкIыхьыр пщыхьэщхьэ пшхынщ.

Ар жери бажэр зыIу­рыб­заеу мыщэм и пащхьэ итIысхьащ.

- Уи гуэшыкIэр сигу ирохь, хэт абы ухуэ­зы­гъэIущар? - ней-нейуэ еплъащ мыщэр бажэм.

- Уи пащхьэм илъ ды­гъужьыжьращ, - жиIащ бажэм. - Абы епщIар слъэ­­гъуакъэ!

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться: