Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ
я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сыныво­хъуэхъу Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэш­хуэмкIэ!
А махуэм езым и хабзэ дахэхэр иIэжщ, абы и купщIэ нэхъыщхьэр цIыху лэжьакIуэм и гуа­щIэ­дэкIым, абы и зэфIэкIым, и ехъулIэныгъэхэм хуащI пщIэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр къулейщ цIыху зэчиифIэхэмкIэ, Iуэхур ­нэгъэсауэ зэфIэхыным жыджэру пэрыт лэжьа­кIуэшхуэхэмкIэ.  Нобэрей  ди   фIыщIэ пса­лъэ­хэр яхуэгъэзащ зи акъылкIэ, зи гуащIэкIэ, хъер къызыпыкI зи IуэхущIафэкIэ экономикэр, цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIакIуэхэм, зыу­жьыныгъэм хуэлажьэхэм, ди щIыналъэм и ехъулIэныгъэхэм къахэзыгъахъуэхэм. Псом хуэ­мыдэжу хъуэхъу псалъэ гуапэхэр яхуэфащэщ республикэм и социально-экономикэ  щытыкIэр егъэфIэкIуэным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа, нобэ щIалэгъуалэр зыпэрыт Iуэ­хухэм хэгъуэзэнымкIэ щапхъэ яхуэхъу ветеранхэм.
Си фIэщ мэхъу дызэкъуэтмэ, дызэры­Iыгъмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм я ехъу­лIэ­ныгъэхэр къызэрыкI IуэхугъуэфIхэр зэдгъэ­хъулIэнымкIэ зыхуэдгъэувыжа къалэн псори къызэрыдэхъулIэнур, гугъуехь псори къызэ­ры­зэднэкIыфынур.
Си псэм къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узын­шагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, сыт хуэдэ Iуэхуми ехъулIэныгъэхэр щывиIэну.

Поделиться: