Дыщи домбеякъи къахь

Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Карачаевск къалэм и «Домбай» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ илъэс 13 - 14 зи ныбжь щIалэхэмрэ илъэс 19 - 20 хъу хъыджэбзхэмрэ. 

НэхъыщIэхэм ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксёрхэр икIи абыхэм ящыщу тIум медалхэр къахьащ. Килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызауэ Къанокъуэ Раад утыкум щэ къихьати, зэIущIэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу псоми щытекIуащ. Абдежым ди щIалэм дыщэ медалыр къыщихьащ.
Домбеякъ медалыр зэIущIэм щызыIэригъэхьащ килограмм 54-рэ хъухэм я деж щызауэ ХьэпащIэ Мартин.
ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Мэзыхьэ Разиуан, ФочыщIэ Албиян, ХьэпащIэ Ахьмэд сымэ.
Зэхьэзэхуэм япэ щыхъуа Къанокъуэ Раад хэтынущ Урысейм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм накъыгъэм и 12 - 18-хэм Мэзкуу областым и Чехов къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм.
 

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:

Читать также: