Журналист ныбжьыщIэхэм я школыр ирагъэжьэж

Журналист ныбжьыщIэхэм папщIэ пщIэншэу къызэIуаха «Акулы пера» егъэджэныгъэ курсхэм екIуэлIэну гукъыдэж зиIэхэр къыхах.

Егъэджэныгъэ проектым хыхьэну ирагъэблагъэ республикэ, район газетхэм, журналхэм, телерадиокомпаниехэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, пресс-IуэхущIапIэхэм я журналистхэр, блогерхэр, а IэщIагъэр къыхэзыхауэ класс нэхъыжьхэм щеджэхэр, абы хуеджэ студентхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналистхэм, журналист IэнатIэм и ветеранхэм, тхакIуэхэм, егъэджакIуэхэм мазэ зыбжанэкIэ хагъэгъуэзэнущ журналист IэщIагъэм и профессиональнэ Iэзагъэхэм, хъыбарыщIэхэр цIыхубэм я деж зэрынэпхьэсынум, иджырей технологиехэмрэ медиа-Iэмалхэмрэ къэбгъэсэбэпурэ лэжьыгъэм и фIагъыр зэребгъэфIэкIуэну щIыкIэм. Егъэджэныгъэ программэм хыхьэу, курсыр къэзыуххэм иратыжынущ IэщIагъэм зэрыхуеджам щыхьэт техъуэ тхылъхэр.
Тхыгъэхэр щIышылэм и 17-м щыщIэдзауэ мазаем и 20 пщIондэ евгъэхь хъунущ. Iуэхум нэхъ зыубгъуауэ зыхэзыгъэгъуэзэнухэр фыпсалъэ  КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я телефонхэмкIэ: 8 (928) 691 21 67; 8 (988) 832 35 98.

Поделиться: